ЦIыхуибгъум япэлъэщакъым

Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2021 - 2022 гъэхэм щекIуэкI зэхьэзэхуэр «Спартак-Налшыкым» Дон Iус Ростов къыщыщIидзащ. ЗэIущIэр хуабжьу удэзыхьэхыу екIуэкIами, лъэныкъуитIми яхузэфIэкIакъым зым адрейм топ худигъэкIыну. Арати, джэгур зэрытемыгъэкIуауэ, 0:0-у, иухащ.

Мазэм щIигъу ипэкIэ, мэкъуауэгъуэм и 15-м, «Спартак-Налшыкымрэ» СКА-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм щрагъэкIуэкIа зэIущIэмкIэ Урысей Федерацэм футболымкIэ и етIуанэ дивизионым и Япэ гупым 2020 - 2021 гъэхэм щекIуэкIа зэхьэзэхуэр зэхуащIыжауэ щытащ. Турнир таблицэм къыщахьыну увыпIэм елъытауэ абы зыри и мыхьэнэжтэкъым: хьэщIэхэм - етхуанэр, дыдейхэм - епщIанэр яубыдати, адэкIи-мыдэкIи кIуэтэнутэкъым. АрщхьэкIэ зэпеуэм и иужь дыдэ зэIущIэр дэтхэнэми хъарзынэу кърихьэлIэну хуейт, дэрэжэгъуэ нэхъ яIэу мазэкIэ загъэпсэхун папщIэ. Абы къыхэкIыу лъэныкъуэхэр ерыщу зэпэщIэтащ икIи зым адрейм топ тIурытI худигъэкIри, зэрытемыгъэкIуауэ зэбгъэдэкIыжащ.
2021 - 2022 гъэхэм я зэхьэзэхуэм и календарыр зыхэзыгъэувахэм Дон Iус Ростоврэ Налшыкрэ я командэхэр япэ дыдэ зэIущIэми щызэхуагъэзащ, адрейм занщIэу кърипащэ хуэдэу. Хьэлэмэтращи, кърикIуари зэхуэдэщ.
ЗэхьэзэхуитIым я зэхуакум блэкIа зэман кIэщIым къриубыдэу СКА-м зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр къыщыхъуащ. ЖыпIэну ирикъунщ мэкъуауэгъуэм и I5-м налшыкдэсхэм япэщIэтахэм ящыщу зы цIыхуи щэбэт кIуам джэгупIэ губгъуэм къызэримыхьар. А псори щIащIар япэ дивизионым хыхьэну къалэн къызэрыхуагъэувам къыхэкIыу зэрызагъэлъэщаращ. Гуапэщ абыкIэ сэбэп къахуэхъуну къалъытэу зэрызэхагъэхьар зэхьэзэхуэ блэкIам «Спартак-Налшыкым» и гъуащхьауэ нэхъыфIу щыта Хьэшыр Аланрэ нэхъапэм ди командэм хэта Лелюкаев Аланрэ. Адыгэ щIалэр занщIэу ягъэджэгуащ, балъкъэрыр зэкIэ кърагъэхьакъым.
СКА-мрэ «Спартак-Налшыкымрэ» я зэIущIэр хуабжьу удэзыхьэхыу екIуэкIащ. ЛъэныкъуитIри нэхъыбэу зыхущIэкъур ебгъэрыкIуэныгъэрат. Пэжщ, джэгум еплъыну стадионым зыри ирагъэхьакъым, коронавирус уз зэрыцIалэм зэрызэщахъумэм къыхэкIыу. Мыбдежым сэбэп хъуащ Интернетым и Iэмалхэр – Дон Iус Ростов къратыкIа репортажым цIыхуищэхэр итхьэкъуат.
Къалэнышхуэхэр зыхуагъэува хэгъэрейхэм зэхьэзэхуэр текIуэныгъэкIэ ирагъэжьэну хущIэкъуащ. Ар абыхэм къайхъулIэну къыщIэкIынт ирамыгъэлеямэ. Загъэпсэхуу къихьэжа иужькIэ, СКА-м и футболиститI 55-нэ, 59-нэ дакъикъэхэм судьям джэгум къыхихуащ етIуанэу дагъуэ яхуищIри. Арати, сыхьэт ныкъуэм щIигъукIэ «Спартак-Налшыкыр» цIыхуитIкIэ нэхъыбэу щытащ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, ар къахуэгъэсэбэпакъым, абыкIэ Iэмал гъуэзэджэ зыбжанэ яIа пэтми. Къапщтэмэ, ХъутIэ Анзор топыр гъуэм хуигъэзэжыну къыхуэнауэ арат бжыгъэр къызэIуихын папщIэ. А Iуэхугъуэм къегъэлъагъуэ Биджиев Хьэсэнбий и гъэсэнхэм зэлэжьын куэд зэраIэр. БлэкIам къыхаха дерсхэр зыхуэдэр къигъэлъэгъуэнущ шыщхьэуIум и 1-м. а махуэм ди щIалэхэм кърагъэблэгъэнущ Ставрополь и «Динамо»-р.

 

Къаудыгъу Заур.
Поделиться:

Читать также: