Битокъу Владимир и етIуанэ фильмыр Венецием яшэКъБР-м щыщ режиссёр Битокъу Владимир и «Мамэ, сэ сыкъэсыжащ» фильмыр Венецием щекIуэкIыну кинофестивалым хэтынущ. А хъыбарыр и инстаграм напэкIуэцIым кърилъхьащ лэжьыгъэм и продюсер Роднянский Александр. Фильмыр щекIуэкIыр Къэбэрдей-Балъкъэрырщ. Налшык къалэкIэм щыпсэу Тоня уней зауэлI зэгухьэныгъэм хэту Сирием щызэуэну кIуа и къуэр къыщысыжынум поплъэ. Зэман докIри, щIалэр яукIауэ хъыбар къоIу, ауэ анэм ар и фIэщ ищIын идэркъым. ЦIыхубзыр и закъуэу утыку йохьэ, си къуэр къызэфтыж, жиIэу. Махуэ гуэрым щIалэр и анэм и бжэщхьэIум къытоувэж.
Поделиться:
Читать также:
27.03.2024 - 18:39 →
Африкэ Ищхъэрэм япэу зыкъыщагъэлъэгъуат
27.03.2024 - 14:00 →
Лъагъуэхэш
22.03.2024 - 16:35 →
Зи вагъуэр ноби блэ
21.03.2024 - 10:30 →
МакъамэкIэ дунейр зыгъэдэха
20.03.2024 - 16:27 →
МыкIуэдыжыр уэрэдыфIырщ
|