Унагъуэхэм я зэпеуэ

Куэд мыщIэу Кърымым щекIуэкIынущ фестивалхэм я «Таврида.АРТ» фестиваль. Абы щыщ зы Iыхьэщ унагъуэхэм хухаха «ФIыуэ тлъагъу ди Iыхьлыхэр» зыфIащар. Абы хэтыну хуейхэм я лъэIу тхылъхэр къыIахын щIадзащ. «ЗэхъуэкIыныгъэ инхэр» Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтахэмрэ абыхэм я унагъуэм щыщхэмрэ (адэ-анэхэр, дэлъхухэмрэ шыпхъухэмрэ, адэшхуэхэмрэ анэшхуэхэмрэ) иджы япэу хэтыфынущ арт-кластерым хыхьэ «Таврида» фестивалым.

Илъэс 11 хъу сабий зэрыс унагъуэхэм лъэIу тхылъ ягъэхь зэрыхъунур щIэуэ Iуэхум къыхахьащ. Унагъуэхэм теухуа «ФIыуэ тлъагъу ди Iыхьлыхэр» зэхыхьэр Кърым Республикэм и Капсель бухтэм фокIадэм и 8 - 12 махуэхэм щекIуэкIынущ.
Абы къызэщIиубыдэнущ щIэныгъэ, щэнхабзэ программэхэр, джэгукIэ зэмылIэужьыгъуэхэр, спорт зэхьэзэхуэхэр, «ЗэхъуэкIыныгъэ инхэр» зэпеуэм и къэпщытакIуэхэм - щIэныгъэм, гъуазджэм, спортым, журналистикэм, психологием и IэщIагъэлIхэм - щаIущIэ пшыхьхэр.
«ФIыуэ тлъагъу ди Iыхьлыхэр» фестивалыр хабзэ дахэ хъуакIэщ: абы и япэ сменэр бадзэуэгъуэм и 6 - 9-хэм Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и Архъыз къуажэм щекIуэкIащ, къэралым и щIыналъэ 60-м къикIа унагъуэ-лIыкIуэхэр хэту.
Зэхьэзэхуэм зыкъыщызыгъэлъэгъуэнухэм ухагъэхьэн папщIэ уи унагъуэм илъ хабзэхэмрэ лъапIэныгъэхэмрэ я гугъу дахэу пщIын, уи унагъуэм исхэм ящыщ дэтхэнэри къызыхэщ видеоролик тепхыу интернетым ущиIэ напэкIуэцIхэм иплъхьэн хуейщ, #родныелюбимые_большая перемена хэштегым щIэту. НэхъыфIу къалъыта лэжьыгъэхэр зи IэдакъэщIэкIхэр фокIадэм и пэм хыхьэнущ гъуазджэм и лIэужьыгъуэ псори къызэщIэзыкъуэ щэнхабзэ Iуэхугъуэм - фестивалхэм я фестиваль «Таврида.АРТ»-м.
КъызэгъэпэщакIуэхэм я пщэ далъхьэж хьэщIэхэр щыпсэунури, я шхынри, зэхыхьэм и программэри. Щыпсэуну щIыпIэм къыщыщIэдзауэ Симферополь къалэм нэсыху зэрыкIуэнуращ езы хьэщIэхэм я Iуэхужыр.
ЛъэIу тхылъхэр ирагъэхьэхь хъунущ мы электроннэ хэщIапIэм: https://forms.gle/joY8rEi9xZiA8Trf6
УпщIэ зиIэхэр фыпсалъэ: +7(495) 660-24-23 (щIывгъу105) е фытхэ: participant@peremena.team  

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: