Дунейпсо класс зиIэ спортым и мастерым и мардэр егъэзащIэ

Къэзан и «Ак Барс» IэпщэрызауэмкIэ уардэунэм щекIуэкIащ тхэквондомкIэ ныбжьыщIэхэм Европэм и чемпионат. Абы къыщыхэжаныкIащ ди лъахэгъу Апхуд Тимир.

Балигъхэм къищынэмыщIауэ, зи ныбжьыр илъэси 10 - 11, 12 - 14, 15 - 17 хъухэр зэщхьэщыхауэ зэхьэзэхуащ. Къэрал 28-м къикIат спортсмен 600-м щIигъу.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Апхуд Тимир Урысей Федерацэм и щIыхьыр ихъумэу килограмм 58-м нэс зи хьэлъагъхэм я деж щызэуащ. Финалым хуэзыша зэIущIищми абы и хьэрхуэрэгъухэр хэпщIыкIыу щыхигъащIэри, Европэм и чемпионыгъэм щIэбэныну Iэмал игъуэтащ.
КIэух зэпэщIэтыныгъэм къыщыпэува Къэзахъстаным щыщ Алипбаев Таулкел адыгэ щIалэр зэрелIэлIэща щыIэкъым. Абыи 3:0-у ефIэкIри, дыщэ медалыр зыIэригъэхьащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу цIыхухъу тхэквондом апхуэдэ ехъулIэныгъэ ин нэхъапэм зыми къыщехъулIакъым. Абы и фIыгъэкIэ Апхуд Тимир игъэзэщIащ дунейпсо класс зиIэ спортым и мастерым и мардэр. ДяпэкIи ар зэхьэзэхуэ инхэм хэтынущ.
Европэм и чемпион щIалэр и гъэсэнщ тренер гъуэзэджэ Бэлахъуэ Елдар.

ХЬЭТАУ Ислъам.
Поделиться: