Къаплъэным и махуэ

Зы илъэс къэмынэу, бадзэуэгъуэм и 29-м ЩIы хъурейм щагъэлъапIэ Къаплъэным и махуэ (International Tiger Day) цIэр зиIэ Iуэхугъуэр. АбыкIэ унафэ къыщащтат 2010 гъэм Санкт-Петербург щызэхаша къэрал зэхуаку зэIущIэм, «Къаплъэнхэм я саммит» зыфIащам.

Хэтахэр арэзы зэдэхъуу а зэхуэсым щызэхагъэуващ 2010 - 2022 гъэхэм тещIыхьа программэр, а пIалъэм къриубыдэу зи гугъу тщIы псэущхьэ телъыджэхэм ящыщу дэнэ лъэныкъуэкIи щыIэхэм я бжыгъэр тIукIэ гъэбэгъуэжын зэрыхуейм хуэгъэзар. 
Къыхэгъэщыпхъэщ, къаплъэнхэр узэщакIуэ мыхъун хьэкIэкхъуэкIэу хабзэгъэув тхылъхэм ящыщу зыбжанэм зэрыратхари. Псалъэм папщIэ, а Iуэхум теухуа сатырхэр ярытщ Псэущхьэхэр хъумэнымкIэ дунейпсо зэгухьэныгъэм и дэфтэрми, Урысей Федерацэм и Тхылъ Плъыжьми. Мыдрейуэ, къаплъэнхэм ещэкIуэныр дэнэ щIыпIи щызэпыгъэуным ехьэлIа хабзэр 1947 гъэ лъандэрэ ЩIы Хъурейм тет къэрал псоми (ахэр щыпсэухэм) щызокIуэ. 
Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди планетэм и щIыпIэ дэгухэмрэ цIыхухэр зэран зыхуэмыхъуфу къыщызэтена Iэшэлъашэхэмрэ къаплъэнхэм ящыщу мы зэманым ирихьэлIэу къащыхуэбжар, псори зэхэту мини 5 иримыкъущ. Абы щыгъуэми, а бжыгъэм хэщI зэпыту къызэрекIуэкIыр къэтлъытэмэ, зи гугъу тщIы псэущхьэ дахэхэм я къэкIуэнур узыщIэзыгъэгупсысщ. ЗэрыхуагъэфащэмкIи, ЩIы Хъурейм къаплъэну тетам я бжыгъэр иужьрей илъэсищэм къиубыдэу хуэдэ 25-кIэ хэщIащ. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, а псэущхьэ дахэхэр нэхъыбэу зэтезыукIэри хабзэм ебакъуэу абыхэм ещакIуэ цIыхухэрщ (браконьерхэрщ). 
Мыдрейуи, ди гуапэ зэрыхъунщи, Урысей Федерацэр хабжэ дызытепсэлъыхь хьэкIэкхъуэкIэр нэхъ щахъумэ икIи зыхуей нэхъ щыхуагъазэ къэрал закъуэтIакъуэхэм. Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, дуней псом щынэхъ ин дыдэ «амур» лъэпкъыгъуэм щыщу дэнэ лъэныкъуэкIи къыщызэтенам я процент 95-м (къаплъэн 400 - 500-м) я зэхэзекIуапIэр ди къэралым КъухьэпIэ ЖыжьэмкIэ щыIэ и щIыналъэрщ.

Гу лъытапхъэщ

Къаплъэныр щIым къыщызыкIухь хьэкIэкхъуэкIэ нэхъ ин дыдэхэм ящыщщ. Хъум и хьэлъагъыр килограмм 275-м нызэрохьэс (килограмм 320-м щынэблагъи къэхъуу), и пкъым и кIыхьагъыр метри 2,5-м къыщегъэжьауэ метри 2,8-рэ ирокъу, и щхьэр здэщыIэмкIэ метрым щIигъу и лъагагъщ.
И фэм хэплъагъуэ кусэхэм я зэхэлъыкIэр лъэпкъыгъуэ къэс зэщхькъым, иризэхагъэкIыуи апхуэдэщ.
Къаплъэн лIэужьыгъуэхэм ящыщу мы зэманым къызэтенар 6 къудейщ (абы ипэкIэ зэхацIыхукIыу къекIуэкIа 9-м ящыщу).
«Бенгалие» къаплъэныр и бжыгъэкIэ ди планетэм щынэхъыбэ дыдэщ, Индием, Бангладешым, Бутаным, Непалым щыхэгъэрейщ. 
Малайзием щыIэ лъэпкъыгъуэр а хэгъэгум хыхьэ Малаккэ хытIыгу ныкъуэм щызэхэзокIуэ. 
Китайм узыщрихьэлIэр лIэужьыгъуэ щхьэхуэщи, а хэкум и цIэр зэрехьэ.
Таиланд, Лаос, Камбоджэ, Вьетнам, Мьянмэ къэралхэм узыщыхуэзэ лъэпкъыгъуэм «индокитай» цIэр зэрехьэ. 
Къаплъэнхэм ящыщу я нэхъ цIыкIу дыдэм и хьэлъагъыр килограмми 150-м нызэрыхьэсщ, Индонезием хыхьэ Суматрэ хытIыгум ущрохьэлIэ, зэреджэри а щIыпIэр къызэрацIыхурщ.
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: