Сабий сымаджэщхэр зэхагъэхьэжКъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат Iэ тридзащ республикэ сабий клиникэ сымаджэщым (РСКС) и къудамэ зыбжанэ зэрызэгуагъэхьэм теухуа унафэм. Абы ипкъ иткIэ, сымаджэщым и къудамэщIэхэм лэжьэн щIадзэнущ 2019 гъэм мэкъуауэгъуэм и 1-м. Къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м къыгуагъэкIынурэ РСКС-м хагъэхьэнущ къудами 5: пульмонологиер, нефрологиер, кардио-ревматологиер, неврологиер, гастроэнтерологиер. А псори зэуIуу ягъэIэпхъуэнущ «Дубки»-м хуит щащIа перинатальнэ сымаджэщым. ЗэрыжаIэмкIэ, мэкъуауэгъуэм и 1 пщIондэ а IуэхущIапIэр зыхуей хуагъэзэнущ, IэмэпсымэкIэ зэщIаузэдэнущ.
Поделиться:
Читать также:
13.04.2024 - 15:23 →
Махуэшхуэм зыхуагъэхьэзыр
13.04.2024 - 10:08 →
Зэгухьэныгъэм зэфIигъэкIар
06.04.2024 - 10:26 →
Театрхэм я ехъулIэныгъэ, я гугъуехь
06.04.2024 - 09:00 →
Мэкъумэш IэнатIэм и зэфIэкIхэм арэзы къещI
09.03.2024 - 13:10 →
Мэкъумэш IэнатIэр я нэIэ щIэтщ
|