ЩIыналъэм зэрызиужьыну щIыкIэм теухуауэ

Къэрал къулыкъущIапIэхэм

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек иригъэкIуэкIащ щIыналъэм 2030 гъэ пщIондэ зэрызиужьыну щIыкIэр убзыхуным теухуа зэIущIэ.

Абы хэтащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис, абы и къуэдзэхэу Бэждыгъу Темыркъанрэ ТIымыжь Хъусенрэ. Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ республикэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхухэм, «Демографие», «ЦIыхухэр IэнатIэ къызэгъэпэщыныр», «Инвестицэхэр» унэтIыныгъэхэм  щызэфIагъэкIыну къыхалъхьахэм хэплъащ.

А лэжьыгъэхэр ирагъэкIуэкI УФ-м и Правительствэм и УнафэщI Мишустин Михаил Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым социально-экономикэ и лъэныкъуэкIэ зегъэужьыным теухуа зэIущIэу мэкъуауэгъуэм и I5-м Псыхуабэ щригъэкIуэкIам пщэрылъ къащыщищIауэ щытахэм япкъ иткIэ. УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм игъэхьэзыра методикэм тету, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэ щIыналъэхэм мы зэманым и кIэм нагъэсащ 2030 гъэ пщIондэ абыхэм зэрызаужьыну щIыкIэр щыубзыхуа дэфтэрхэр гъэхьэзырыныр.

 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: