Псоми я фейдэ зыхэлъ зэдэлэжьэныгъэ

«Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм иджыблагъэ щекIуэкIащ абы и лэ­жьакIуэхэмрэ республикэм къы­щы­дэкI газет нэхъыщхьэхэм я уна­фэщIхэмрэ я зэIущIэ. Ар теухуауэ щытащ IэнатIэхэм яку дэлъ зэдэлэжьэныгъэр егъэфIэкIуэным.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым «Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщI Вэрокъуэ Заур къыхигъэщащ республикэм къыщыдэкI газетхэмрэ ­журналхэмрэ Iэ тедзэнымрэ ахэр зэбгрегъэхынымрэ ехьэлIауэ лэжьыгъэшхуэ зэрырагъэкIуэкIыр, уеблэмэ ар лъэпкъ, политикэ Iуэхуу къызэрилъытэр. Абы щыгъуэми ибзыщIакъым пощтзехьэхэр къазэремэ­щIэкIым къыхэкIыу, ныкъусаныгъэ гуэрхэри щIэх-щIэхыурэ къазэрылъыкъуэкIыр икIи ахэр икIэщIыпIэкIэ гъэзэкIуэжа хъуным я нэIэ тет зэпыту зэрыщытыр. 
Газетхэм нэхъыбэу Iэ трегъэдзэ­нымрэ ахэр и чэзум зэбгрегъэхы­ныр егъэфIэкIуэнымрэ теухуауэ я къарур зэщIагъэуIуэу зэрызэдэлэжьэнум ехьэлIауэ я жэрдэмхэр къыхалъхьэу зэIущIэм къыщыпсэлъащ «Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм и унафэщIым и къуэ­дзэ Балъкъыз Лянэ. Абы Iуэху бгъэдыхьэкIэ щIэщыгъуэ зыбжанэ утыку кърихьащ, къызэхуэсахэм ахэр даIыгъащ. 
Пощт лэжьакIуэхэмрэ республикэм и хъыбарегъащIэ IэнатIэхэмрэ я зэIущIэм жыджэру хэтащ икIи жэрдэм купщIафIэхэр къыхалъхьащ «КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ IуэхущIапIэм и унафэщIым и къуэдзэ Дзыгул МуIэед, «Кабардино-Балкарская правда», «Адыгэ псалъэ», «Заман», «Советская молодёжь», «Горянка» газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу Бжьахъуэ Ранетэ, Жыласэ Заурбэч, Конаков Хьэсэн, Ярославская Маринэ, Къа­ныкъуэ Заринэ, «Урысейм и пощт» ФГУП-м и Къэбэрдей-Балъкъэр къудамэм газетхэмрэ журналхэмрэ Iэ трегъэдзэнымрэ ахэр зэбгрегъэ­шынымкIэ и IэщIагъэлIхэу Къасым Светланэ, Ащхъуэт Жаннэ, Плотниковэ Еленэ сымэ. 
IуэхуфIхэр яубзыхуарэ ахэр зэрагъэзэщIэнум епха гупсысэхэри я ­куэду, зэIущIэм хэтахэр зэбгрыкIыжащ. Абыхэм я зэдэлэжьэныгъэм я фейдэ хэлъщ ди республикэм къы­щыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ я ­мызакъуэу, ахэр и чэзум къызыIэрыхьэну щIэхъуэпс щIэджыкIакIуэ псоми. 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: