КъэкIуэжыну хуеймэ, Iэмалхэр щыIэщ

Мелуаниблым зэрынэхьэсу къалъытэ адыгэ лъэпкъыр нобэ къэрал 50-м ­щIигъум щопсэу. Илъэси 150-м щIи­гъуауэ нэгъуэщIхэм яхэс ди ­къуэшхэмрэ шыпхъухэмрэ Iэмалрэ зэфIэкIыу яIэр ирахьэлIэ я бзэмрэ хабзэмрэ яхъу­мэным. Сыт хуэдиз бэлыхь я псэм дэлъу псэуами, абыхэм яху­зэ­фIэкIащ лъэпкъ зэхэщIыкIыр ямыгъэкIуэдыну, къащIэхъуэ щIэблэр зы­щыщ лъэпкъыр ящIэу къагъэхъуну.

Си псалъэхэм щыхьэт ятехъуэ куэд сыщрихьэлIащ лэжьыгъэ IуэхукIэ сыздэ­щыIа къэрал зыбжанэм. Тыркум ис адыгэ­хэм ящыщу нэхъыжьхэмрэ курыт ныбжьым итхэмрэ хамэщI щыпсэууэ къыпхуэмыщIэн хуэдизу, я нэхъыбэм бзэр яIурылъщ, ахэр нэхъ хущIокъу я ­щIалэгъуалэр хэкум къагъэкIуэну, щрагъэджэну, щагъэпсэуну. Гур хегъахъуэ Германием ис адыгэ нэхъыжьыIуэхэми адыгэбзэмрэ адыгагъэмрэ зэрахъумам, ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, щIалэгъуалэм бзэр ящIэжыркъым. ГъэщIэгъуэнщ гу зы­лъыста зы Iуэхугъуэ: адыгэбзэкIэ мып­салъэми, европей теплъэ яIэми, а фестивалхэм къыщызэхуэс щIалэгъуалэм яхэлъ адыгагъэм адрейхэм къащхьэщегъэкI. ИгъащIэкIэ я теплъэкIэ хуумыгъэ­фэщэнуми, хабзэ яхэлъу, я адыгэ унэцIэр ящIэжу апхуэдэщ нэмыцэхэм яхэс щIа­лэгъуалэр. 
Адрей къэралхэм елъытауэ, сыт и лъэныкъуэкIи зи Iуэху дэкIыу, зи пщIэр зыIыгъыжу лъэпкъым къытхэтыр Израилым исхэращ. Кфар-Камэрэ Рихьэ­ниерэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр адыгэ нэсу къызэтенащ. Зы цIыху хьэрыпыбзэкIэ е журтыбзэкIэ щыпсалъэркъым абы. Сыт щхьэкIэ? Хамэбзэр зэрапэсыркъыми! Езы­хэм я анэ­дэлъхубзэр нэхъыфIу ­ялъагъури! Абы къыщалъхуа адыгэм дэнэ щыIэми и бзэр ехъумэ, и щIэблэм ­ирегъащIэ. СыздэщыIа унагъуэм я къуэр США-м, я зы пхъур Австрием, адрейр ­Израилым щыпсэурти, гъэмахуэм я адэм и лъап­сэм - Кфар-Камэ - щы­зэ­хуэ­сыжат. Илъэси 4-5 нэхъыбэ я ныбжьтэкъым а къэкIуэжа зэдэлъхузэшыпхъум я бынхэм. А цIыкIухэр псори адыгэбзэ къабзэкIэ щызэдэуэршэр пщIантIэм нурыр къыдихырт, хэкужьым и адыгэ къуажэжь ущыIэу къыпщигъэхъурт. 
ХэкумкIэ зигу къэгъэза ди лъэпкъэгъуу зи Iуэхурэ лъапсэрэ хамэ къэралхэм щы­зэтезыухуахэм занщIэу зыкъащтэу къызэ­ры­мыIэпхъуэжыфынур гурыIуэгъуэщ, ауэ хэкIыпIэр гъунэжщ, адыгэу къызэтенэну хуей закъуэмэ. 
1990 гъэхэм къэрал гъунапкъэхэр зэ­Iуаха нэужь, хэхэс адыгэхэр я хэку нэхъ къихьэж хъуащ, зрагъэлъагъуну, зыщаплъыхьыну, я адэжьхэм я уэсят ягъэ­зэщIэну. Абы щыгъуэм къэIэпхъуэжыпэ­-ну тегушхуахэри щыIэщ. Пэжщ, а­лъан­дэрэ къэзыгъэзэжар мащIэ дыдэщ. Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс щIыналъищри зэгъусэу къапщтэмэ, мин зыбжанэ ирикъуну аращ. Ар икъукIэ мащIэщ мелуаниблым щIигъу лъэпкъым дежкIэ. 
ИтIани нобэ ахэр хэкурысхэм зэрахэ­сыхьыжамрэ езыхэм я хьэрычэтыщIэ Iуэхухэр къызэIуахауэ ди къалэхэр ягъэдахэрэ цIыхухэм Iуэхутхьэбзэ хуащIэу зэ­рыпсэур щыплъагъукIэ, ущымыгуфIы­кIын­кIэ Iэмал иIэкъым. 
Дауи, нэхъыбэ къэкIуэжыфынут, къэ­рал унафэ щыIэу, ар зи лъабжьэ про­граммэ гуэр лажьэу щытамэ. Абы и щапхъи тлъэгъуащ. Адыгэ Республикэм и Iэтащхьэу щыта Джарым Аслъэн, къэрал Iуэху ищIри, Косовэ къришыжащ ди лъэпкъэгъухэр, къуажэ щхьэхуэуи игъэ­тIысыжащ. Абы иужькIэ, апхуэдэу зэры­Iыгъыу къытхуэмышэжами, къэкIуэж зэрыщыIэм, зи хэкужь зэзыгъэгъуэтыж­хэр къызэрытхэтым я фIыгъэкIэ Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр догъэлъапIэ. 
Иужьрей илъэсхэм, Сирием зауэ къы­зэрыщыхъейрэ, адыгэ зэрыс республикищым къэкIуэжа щыIэхэщ. Ауэ абы щхьэусыгъуэ хуэхъуар Сирием къыщы­зэщIэплъа мафIэращ. Пэжщ, Хэкужьым щIэрыщIэу псэукIэр щызэтебухуэжыныр зэрымытыншымрэ зэрыпсэун къыщалэжьыфын IэнатIэ зэрыщымыIэмрэ къы­хэкIыу, зыкъомыр Европэ къэралхэм кIуэжащ. Ауэ уимыгъэгуфIэу къанэркъым мыдрейхэр зыдэс къуажэхэм зэрахэзэ­гъам, лъахэм щыщыIэ псэукIэм зэресэжам. Дэ мызэ-мытIэу дыщыIащ Дунейпсо Адыгэ Хасэм унэ къахуищэхуу Кременчуг-Константиновкэ, Благовещенкэ, Урыху, Аргудан, Ерокъуэ, Жэмтхьэлэ, нэгъуэщI жылэхэм дэтIысхьэжа уна­гъуэхэм я деж. Хьэрыпхэм яхэсу еса цIыхухэр гурэ псэкIэ адыгэу къыщIэкIащ икIи ди гъащIэм техьэжыным гугъу де­хьауэ пхужыIэнукъым. Ахэр зыхуей-зыхуэфIхэмкIэ къы­зэгъэпэщынымкIэ цIыху щхьэхуэхэри ядэIэпыкъуащ, зыхэ­тIысхьахэрати, гъунэгъу гумащIэу къы­щIэкIри, куэдкIэ сэбэп къахуэхъуащ. Иджы абыхэм былымхэр, джэдкъазхэр ягъашхэ, хадэ ящIэ, гъавэ ягъэкI, IэнатIэ пэрытщ. Сабийхэр хъар­зынэу гъэсапIэхэм, еджапIэхэм щIэзэ­гъащ, бзэхэр з­рагъэщIащ, ныбжьэгъухэр яIэ хъуащ. 
КъэкIуэжар мащIэми, махуэ хэха ди­Iэщ. Ар Адыгэ Республикэм къэ­рал уна­фэкIэ щагъэлъапIэ 1998 гъэ лъандэрэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр къапщтэ­мэ, Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм и жэрдэмкIэ, 2010 гъэ лъандэрэ егъэлъапIэ, ап­хуэдэщ Къэ­рэшей-Шэрджэсри. НобэкIэ къапщтэу щытмэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым Сирием щыщу цIыху 3000 къэ­кIуэжащ, Тыркум цIыху 268-рэ къикIыжащ, Иорданием щыщу 35-м къагъэзэжащ; Адыгэ Республикэм цIыху 2000-м нэблагъэ щопсэу, Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Европэм хыхьэ къэ­ралхэм къикIыжауэ; Къэрэшей-Шэрджэ­сым мы илъэсхэм Сирием къикIыжри къэкIуэжащ цIыху 34-рэ. 
Псори зэхэту къапщтэмэ, ди лъэп­къэгъу мини 5-м адэжь Хэкур зрагъэ­гъуэтыжащ. Абыхэм республикэм ще­кIуэкI гъащIэм, экономикэм, щIэныгъэм, щэнхабзэм, егъэджэныгъэм, медици­нэм, нэ­гъуэщI IэнатIэхэми хэлъхьэныгъэ ин хуэ­зыщIхэр яхэтщ. 
Къэзыгъэзэжа адыгэ щIалэгъуалэу ­100-м щIигъум Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызрагъэгъуэт, жылагъуэ ­гъащIэм жыджэру хэтщ. УзыщыгуфIы­кIынщ ди деж къэIэпхъуэжахэм Хэку­жьым къыщалъхуа щIэблэ къазэрыщIэхъуэр, ахэр курыт школхэм, еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм щIэсщ, мэлажьэ. Мы гъэм школыр ныбжьыщIипщIым къаухащ, абыхэм яхэтщ предмет зэмылIэужьы­гъуэхэмкIэ балли 100 къэзыхьахэри. 
 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: