КIуэкIуэ Казбекрэ Миронов Сергейрэ я зэIущIэ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек Москва щыхуэзащ «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» партым и фракцэу УФ-м и Къэрал Думэм щыIэм и пашэ Миронов Сергей.
ЗэIущIэм щытепсэлъыхьащ ди щIыналъэм и социально-экономикэ зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьэным пыщIа Iуэхухэм, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм «Захуагъэ здэщыIэ Урысей» партым щригъэкIуэкI лэжьыгъэм и унэтIыныгъэ нэхъыщхьэхэм.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: