Махуэ лъапIэм теухуауэ

    ГъэщIэгъуэнщ

    «МегаФон» операторым къызэрипщытэжамкIэ, Къурмэныр щагъэлъэпIа махуэхэм къриубыдэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым щызэIэпаха хъуэхъу тхыгъэхэр мелуан бжыгъэ мэхъу.
    ЦIыхухэм жыджэру къагъэсэбэпащ мессенджерхэмрэ социальнэ сетхэмрэ - махуэхэм ящыщ зым интернет-трафикым и хэхъуэр проценти 7,6-рэ хъуат. Къэбгъэлъагъуэмэ, бадзэуэгъуэм и I9-м къыщыщIэдзауэ 22 пщIондэ а бжыгъэр ику иту проценти 5,I-рэ хъууэ щытащ.
    Адрей махуэхэм елъытауэ, махуэшхуэм теухуауэ республикэм щыпсэухэм зэIэпаха хъыбарыр терабайти 4-кIэ нэхъыбэщ. НэгъуэщIу жыпIэмэ, ар сурэт мелуан 35-рэ е видео кIэщI цIыкIуу зы мелуаным нэс мэхъу. Нэхъыбэ дыдэу хъуэхъухэр щагъэхьар бадзэуэгъуэм и 22-ращ, а махуэм щIыналъэм Интернет-трафикым ику иту щыхэхъуащ зэуэ терабайти 6-м нэсу. Ар процент 11-кIэ нэхъыбэщ 2020 гъэм дыгъэгъазэм и 31-м, ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу, цIыхухэм хъуэхъуу зыхурагъэхьам жыджэру зэрыщытам нэхърэ.
    Хъуэхъухэр нэхъыбэ дыдэу езыгъэхьахэр Налшык, Бахъсэн, Прохладнэ, Нарткъалэ къалэхэм щыпсэухэрщ.
    ТелефонкIэ зэрызэпсэлъам и бжыгъэм зэхъуэкIыныгъэ иIауэ IэщIагъэлIхэм гу лъатакъым. 

 

       

КЪАНЩАУЭ Мэлычыпхъу.
Поделиться: