Сакъыну къыхураджэ

Гу зылъытапхъэ

Бадзэуэгъуэм и 26-м щыщI эдзауэ шыщхьэуIум и 5 пщI ондэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щекIуэкIынущ «Юный пешеход» Iуэхур. Ар теухуащ сабий-лъэсырыкIуэхэр хэту гъуэгу-транспорт къэхъукъащIэхэм щыхъумэным.

Республикэм и Къэрал автоинспекцэм къипщытэнущ Iуэхухэр сабий-лъэсырыкIуэхэм, апхуэдэуи рулым дэсхэм лъэс зэпрыкIыпIэхэм деж хабзэр щагъэзащIэ-щамыгъэзащIэр.

КъищынэмыщI ауэ, автоинспекторхэр, волонтерхэмрэ инспектор ныбжьыщI эхэмрэ я гъусэу, яхуэзэнущ сабий лагерхэм, школкIуэгъуэ зи ныбжь нэмысахэр зэкIуалIэ IуэхущIапIэхэм щыIэхэм, цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэхэм адэ-анэхэм щепсэлъэнущ, сабийхэр гъуэгум зэрыщызекIуэ хабзэм теухуауэ щапхъэ зэрагъэлъагъуэм  гулъытэ хуащIу.

 ПщI зыхуэтщIхэу Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэмрэ хьэщIэхэмрэ!

Зыщывмыгъэгъупщэ: сабийхэм я шынагъуэншагъэр псом япэу къызэзыгъэпэщыфынур балигъхэрщ.

УЭРДОКЪУЭ Женя.
Поделиться: