ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх…

Къэмыгупсыса хъыбар

(ГъэкIэщIауэ)

Зауэр зэрыувыIэрэ илъэс бжыгъэ тещIэжащи, Бабэ и щхьэр къыхуэмыIэту и махуэхэр йокIуэкI. ЦIыху нэфIэгуфIэу щытарауэ умыщIэжыну и нэгур къеуфэхащи, гупсысэ хьэлъэу зэщIэзыIулIэр хущIэуфэркъым, зыкъызэкъуихыу зыгуэрым къыпыгуфIыкIыфыркъым. Бабэ и гум щыщIэр къыдэзыщIэхэм, ар гухэ зыщIым, гунэдж къезымытым псори щыгъуазэщ, арагъэнщ абы лейуэ зыри къыщIыдэмыгушыIэр, зэзэмызэ и хьэлъэр къыщагъэпсынщIэн щхьэкIэ, псэлъакIуэ-уэршэракIуэ гъунэгъу фызхэр къыхуекIуэкIми, щIагъуэу гужьдэгъэкI щIамыщIыр.

Сытым хуэдэу унагъуэ дахэт Бабэ и унагъуэр. Зы щхьэгъусэ иIэти, тхьэ узэрелъэIунт – лэжьакIуэт, и Iэм дыщэ къыпощ, жыхуаIэм ещхьт, сытми хуэIэпщIэлъапщIэт. Къуитху зэдагъуэтати, дыщэ бынкIэ къеджэу я цIэр къуажэ кIыхьым дэлът. Ауэ Бабэ и насыпыр зэуэ къекъутэхащ. Илъэс пщыкIутI фIэкIа бгъэдэмысауэ уз бзаджэ къеуэлIам пэмылъэщу щхьэгъусэр щхьэщыукIуриикIащ. Хьэдагъэр иухатэкъым щIалэхэм я курыт Хьэбан хуабэ узым щыIэщIихам. Быным я нэхъыщIэ дыдэ Iэбу абы махуэ бжыгъэщ зэрыкIэлъыпсэужар. Мазэ зыщыплI фIэкIа ямызэхуакуу щIалэ нэхъыжьитIри, Iэюбрэ НэIибрэ, дуней пэжым кIуэжащ. Къыхуэнар Мухьэб и закъуэти, тегужьеикIауэ и гъащIэр ихьырт: дэкIамэ, къыдэмыхьэжын фIэщIу куэбжэпэм Iуту, къыдыхьэжамэ, джэлэн къыщыхъуу и ужьым иту къыдекIуэкIырт.

Пэмыплъэххэу нэхъыжьыгъэр къызылъыса Мухьэб и анэжьым и закъуэтэкъым зэплъын хуейр, абы къыхуэнащ и къуэш нэхъыжьым и бынунагъуэри. Зыр зым нэхърэ нэхъ цIыкIуу къуэшым къыщIэна бынитхур езым яхуэдэхэм емыхъуапсэу, адэ зиIэми хуемыплъэкIыу къэгъэтэджын хуейт. Пасэу балигъыпIэм иува Мухьэб зыIуува IэнатIэм и хьэлъагъыр псынщIэу зэхищIыкIащ, лъэкIи къимыгъанэу быныр зэригъэпсэун Iэмалхэр къиулъэпхъэщу щIидзащ. ЗиузэщIынуми, зыкъиIэтынуми Мухьэб игъуэ ихуакъым, зауэр къэхъеящ. Гъунэгъу щIалэхэр зэкIэлъхьэужьу щыдэкIым, хьэблэм шэмэджыр зыуIун гуэри къыдэмынэжу псори зэуапIэм щыIухьэм, Мухьэб унэм дэсыныр къригъэкIужакъым. Иджыри къыздэсым зыщыгугъын ямыIэу къанэ бынунэм къигъэувыIэми, жылэр зэрыхъу фыхъунщ, сэри сыдэкIынущ, жиIэри дэкIат.

ДэкIащи, нобэри макIуэ, ныжэбэри макIуэ, ауэ Мухьэб и хъыбар зыри къэIуркъым, зауэри увыIащ, илъэс бжыгъи дэкIыжащ иужьрей фочышэр зэрырагъэкIрэ, ауэ Мухьэб и хъыбар зэхэзыха зыри къыкъуэкIыркъым… Бабэ хуэмыхьыххэр арат. «Жьуджалэрэ пэт мэхашэ, щIыр зэгуэхуу дэмыхуамэ, и гугъу къысхуэзыщIын сыту къыкъуэмыкIрэ… Мес, Талъустэнрэ Мухьэжыррэ къызэрыкIуэжрэ мащIэ щIа, унагъуэ ящIыжащ, я бынхэри Iэгъэ-быгъэм зэрыхэкIрэ куэд щIащ. Сысейр щыхэтыр дэнэ?» – куэдым егупсысырт Бабэ, здынэмыси щыIэтэкъым.

Зы тхьэмахуэкIэ сыщыIэнущ жиIэри ТIэху, Бабэ и пщыпхъу нэхъыщIэр, дыщым къэкIуэжат. ТIэху псэлъакIуэт, зыхыхьэр игъэсысу жант, гушыIэ жыпщ, псысэныбэщ, хужаIэу псори къыдэзыхьэх цIыху гуапэт. Бабэ зэщIэзыIыгъэр ищIэ пэтми, гупсысэ хьэлъэхэр щхьэщигъэумэ фIэфIу, дунейм щекIуэкI хъыбархэр хуиIатэрт. Жэщыбг пщIондэ апхуэдэу щысауэ ТIэху унэм къыщIэкIащ, зэ къэсплъыхьынщ, куэбжэр гъэбыдэжамэ, Iэбжэ-набжэхэр етыжамэ, сеплъынщ, Iэщыр зэгъэжамэ, сахэплъэнщ, жиIэри. Бабэ зыри жиIакъым. «Пхъужьым игу сеуэнкъым, и пIэ изэгъэжмэ, иджыри зэ сыщIэкIынщ», – егупсысащ ар.

Илъэс бжыгъэ хъуауэ Бабэ куэбжэр игъэбыдэжыртэкъым. «ЩIалэр къэкIуэжрэ, сэхыр етауэ кърихьэлIэжмэ, хъункъым, игу зэщыунщ, и жагъуэ хъунщ», – жиIэрт. Зым хуэмыдэжу абы нэхъ и нэIэ тетт. Арат пэш цIыкIуитIрэ пщэфIапIэу зэхэт унэм къыщIэкIыу, зи щхьэгъубжэхэр куэбжэпэмкIэ гъэза хьэщIэщым Бабэ щIэIэпхъуэжари, щIалэр къэкIуэжмэ, занщIэу къилъэгъункIэ гугъэу.

Жэщи махуи КъурIэн еджэу, ар щызэгуипIэм нэмэзлыкъым тетIысхьэу, абы къытекIыжмэ, сабий быным яхуэпщафIэу зи гъащIэр зыхь Бабэ жэщитI ипэ зы пщыхьэпIэ илъэгъуати, къикIыр хузэхэмыхыу иIыгът, Iуэху иримыгъэщIэжу. КъыхиубыдыкIам гугъэ гуэр къигъэуша хуэдэти, лъэрытемыт хъуауэ къижыхьырт, ищIэри зи ужь итри езы дыдэм къыгурымыIуэжу. ТIэху куэбжэр згъэбыдэжынщ щыжиIам къеныкъуэкъуар аращ, Тхьэм зыгуэр къыхуищIэну иуха хъужыкъуэмэ, абы сытеплъэкъукIрэ сIэщIэкIмэ, жиIэу.

Бабэ и нэгу щIэкIа пщIыхьэпIэм бгыр щэIу хуэдэт, ар зэгуэкIыу и зэхуакум зыгуэр къыдигъэкIыну къызэреIэр къапщIэу. И кIуэцIкIэ къепIэстхъыурэ бгым зыгуэр къеныкъуэкъурт. Игъуэ хъуакъым, жиIэурэ зы макъ гуэрым ар зэришыIэри зэхэпхырт, ара хуэдэт бгыр зыщIызэгуэмыкIри. Езыр екIуэталIэу бгыр зыхэт бэлыхьыр щхьэщихыну еIа щхьэкIэ, къыздикIар имыщIэу къэунэхуа псыежэхым зэпрыкIыну Iэмал хуигъуэтакъым, апхуэдизкIэ нэри пэри ихьу ар ежэхырти. Жэщыбг пщIондэ бгым и щэIу макъым едаIуэу щыта Бабэ зэ къызэхех ар къызэрычэр, къыдихыу хуежьа гъуэзми  мащIэ-мащIэурэ щIылъэр иуфэбгъуу и дежкIэ къызэрыкIуэр…

Бабэ гъуэзым кърита шынэм къигъащтэри къызэщыуат, ауэ и дежкIэ къызэрыкIуэм, гузавэу а бгым зэрыбгъэдэтам и гум зыгуэрхэр игъэпIэжьажьэу щIидзати, пыIэгъуэ къезымытыр арат. А хузэхэмых хъарпшэрым IэщIимыубыдапэ щIыкIэ ТIэху къыхуэзыхьыжа Тхьэшхуэм Бабэ хуэарэзыт, зи мыхъуми сщхьэщегъэу, жиIэрт…

Жасы нэмэзыр щIын иухакIэт ТIэху къыщыщIыхьэжам. Iэуэлъауэшхуэ иримыгъэщIу ар и гъуэлъыпIэм екIужащ, Бабэ и пIэм жейуэ илъ сабийхэм я щхьэфэм Iэ дилъэщ, дахэ яжриIэри зигъэзэгъэжащ. «Уэ ди Тхьэшхуэ, дыкъэзыгъэщIари дызэкIуэлIэжынури уэращ. Си лъэIум и пэр зэрыщIэздзэри и кIэр зэрызгъэтIылъыжри аращи, Мухьэб псэууэ къысхуэхьыж. УмыщI си кхъаблэпэр зеиншэ, быныр щхьэтепIэншэ. Уэ ди Тхьэ, дыгъэIуэтэж, зэхэдгъэх хъыбарыфI!» – зэ зэрыжиIар фIэмащIэу, Бабэ къытригъэзэжурэ и тхьэлъэIур зэкIэлъигъакIуэрт, нэхъыбэрэ зэпищэху, гугъэзагъэ къриту, и къуэр и унэ къызэрихьэжынум и фIэщхъуныгъэр имыгъэкIуасэу.

Я бзэгупэм къыпынарэ ар жамыIэу щIагъуэ дамыхыу «ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх» псэлъафэр быным яIурылъ хъуат. Псом хуэмыдэу а псалъэр Бабэ сабийхэм куэдрэ жаригъэIэрт, фэ фыгупцIанэщ, фыпсэ къабзэщ, фи тхьэлъэIур мелыIычхэм япхъуэтэнурэ Тхьэшхуэм деж нахьэсынущ, жиIэурэ.

Нэмэзлыкъыр гъуэлъыпIэ лъабжьэм щIигъэкIуатэри, Бабэ унэм къыщIэкIащ, занщIэуи куэбжэмкIэ иунэтIащ. ТIэху куэбжэм иритыжа сэхур къригъэжыжри, и щIыб къигъазэу лъэбакъуитI ичатэкъым, ар къыIуихыну зыгуэр къызэреIэр щызэхихам. Бабэ къызэплъэкIщ, и нэр зэ щхьэкIэ щIэункIыфIыкIыу къыщыхъуами, зызэтриубыдэжри, кIыфIым къыхэкIым дежкIэ плъащ…

КъигъащIэ псом Бабэ асыхьэтым ириплъэжами ярейщ, ауэ мы дакъикъэм хуэдэу нэхъ IэфI хэтауэ къыхуэщIэжакъым. И пащхьэ итыр Мухьэбт. Уэд хъуами, пыIэ натIэм къыщIэплъ и щхьэц тIэкIур уэсым хуэдэу тхъуами, ар Мухьэбт, мы гъащIэм щиIэ и гугъэ тIэкIухэр зрипх и къуэрт… И дамэм едзэкIа къэлътмакъыр Мухьэб иригъэтIылъэхри, анэм и пащхьэ етIысэхащ, и Iэр къищтэри ебэуащ. «Къохъусыж, си щIалэ! Уи хъыбарыфI къытхуэзыхьа ди Тхьэшхуэм къурмэн сыхухъу!» – жиIэри, Бабэ и Iэгу зэлъахэр Мухьэб и щхьэфэм иригъэжащ…

Уэсыр щабэ дыдэу кърипхъыхырт, дунейр нысащIэ фащэкIэ ихуапэ фIэкIа умыщIэну. Нэхугъэрэ гуапагъэкIэ узэщIэзыщтэ уэсыпэ зэщIэлыдэхэм дзапэ уэрэд кърашым ещхьт, упсэуну, ущыIэну, угуэпэну ухуейуэ уащIу… ИлъэсыщIэ жэщт а жэщыр… Адрей жэщхэм нэхърэ сыткIэ нэхъ гъэщIэгъуэн жыпIэнущ, ауэ хъуэхъубзэр изщи, фIыгъуэ Iэджэм упегъаплъэ, ущегъэгугъ. Бабэ дунейм зэрехыжрэ Iэджэпси ежэхащ, ауэ и «ХъыбарыфI Тхьэм зэхыдигъэх!» псалъэр къилъхуахэми, абыхэм я лъхужхэми нобэ яIурылъщ, и псэм зыхищIа фIэщхъуныгъэр щIэблэми яIэщIэмыхуу…

ТАБЫЩ Мурат.
Поделиться: