Тхылъым хуэдэ щыIэкъым

Журналист, блогер цIэрыIуэ Мыз Залинэ зи унафэщI «Клуб 494» творческэ гупым хэт школакIуэхэр иджыблагъэ Налшык щыхьэщIащ. Къэбэрдей Адыгэ Хасэм ахэр щыхуэзащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ «Горянка» газетым и редактор нэхъыщхьэ, усакIуэ Къаныкъуэ Заринэрэ.

Псыгуэнсу къикIа ныбжьыщIэхэм хуабжьу ягъэфIэгъэщIэгъуэнт зи IэдакъэщIэкIхэм фIыуэ щыгъуазэ цIыху цIэрыIуэхэм яхуэзэну, я псалъэ щIэдэIуну. ХьэфIыцIэм сабийхэм яхуиIуэтащ зи унафэщI «Адыгэ псалъэ» газетым и зэхэлъыкIэр, ар зэрагъэхьэзырыр, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм щекIуэкI лэжьыгъэр, нэгъуэщIхэри.
«Иджыпсту зэманым къыздихьа зэхъуэкIыныгъэ нэхъыщхьэхэм ящыщ, сыт хуэдэ хъыбарри щыбгъуэт интернетыр IэмэпсымэфIщ, ауэ тхылъым къытекIуэн зыри щыIэкъым, фи гупсысэм зиужьынымкIэ, фи акъылым хэвгъэхъуэнымкIэ, - жиIащ ХьэфIыцIэм. - ЕгъэджакIуэ, журналист, нэгъуэщI IэщIагъэхэм пэрыувэфын IэщIагъэлI фыхъуну фыхуеймэ, тхылъ куэд феджэн хуейщ. КъищынэмыщIауэ, бзэхэр зэвгъэщIэным фыхуэмыщхьэх. Бзэ нэхъыбэ пщIэху, уи щхьэр нэхъ лъагэ хъууэ аращ, зы бзэ пщIэмэ – зэ уцIыхущ, бзитI пщIэмэ – тIэу уцIыхущ».
Къаныкъуэ Зарини псалъэмакъ щхьэпэ ядригъэкIуэкIащ ныбжьыщIэхэм икIи я упщIэхэм жэуап яритащ. ЗэIущIэр адыгэбзэр хъума зэрыхъунум, литературэр джын зэрыхуейм, щэнхабзэм мыхьэнэшхуэ зэриIэм нэхъ тегъэщIауэ щытащ, школакIуэхэр усэ къеджащ.
Мыз Залинэ езыр къыщалъхуа, къыщыхъуа Псыгуэнсу къуажэм къыщызэригъэпэща «Клуб 494» гупым жэрдэм зиIэ ныбжьыщIэхэр къокIуалIэ.
- Клубым и къалэн нэхъыщхьэр ныбжьыщIэхэр бзэм, хабзэм, тхыдэм, щэнхабзэм дегъэхьэхынырщ, къызыхэкIа лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэ псори псэкIэ зыхегъэщIэнырщ, адыгэм и лъапIэныгъэхэм щыгъуазэрэ ар я Iэпэгъуу къыдэкIуэтей щIэблэр къэгъэхъунырщ, - къыддогуашэ Залинэ. – КъызэрызэIутхрэ куэд мыщIами, къэкIуэну хуейхэм я бжыгъэр куэдщ, мыбы щхьэж и фIэфIыныгъэкIэ къекIуэлIэну аращ ныбжьыщIэхэр, уасэ лъэпкъ щIамыту. Сэ мылъку хэхыпIэу иужь сихьакъым мы Iуэхум, атIэ сэ сщIэхэмкIэ садэгуэшэну, лъэпкъым хуэфащэу къэхъун папщIэ ящIэн хуейхэм хуэзунэтIыну аращ. КъищынэмыщIауэ, къалэм щыIэ Iэмалхэм хуэдиз къуажэхэм щыбгъуэтынукъым, сызыдэлажьэ гупым я ныбжь ущитым деж зи тхыгъэ узэджэ тхакIуэхэм, усакIуэхэм, телевизоркIэ фIэкIа умыцIыху щэнхабзэм, гъуазджэм я лэжьакIуэхэм уахуэзэну, уадэуэршэрыну пфIэгъэщIэгъуэнщ. Си мурадщ апхуэдэ зэIущIэхэр щIэх-щIэхыурэ къызэзгъэпэщыну, сабийхэм я къэухьым зэрызезгъэужьын Iэмал гъэщIэгъуэнхэр къэзгъэсэбэпыну.

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться: