ПащIэ Бэчмырзэ ягу къагъэкIыж

Пшыхьхэр
Мечиев Казым и цIэр зезыхьэ НыбжьыщIэхэм я библиотекэм щIышылэм и 30-м щекIуэкIащ «И дыщэ пхъуантэр къэттIэщIыжкIэрэ» литературэ пшыхьыр. Ар теухуауэ щытащ адыгэ лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъахэм ящыщ ПащIэ Бэчмырзэ къызэралъхурэ илъэси 165-рэ зэрырикъум.

Библиотекэм и лэжьакIуэхэр Нашык къалэм Промышленность псынщIэмкIэ и колледжым и студентхэм яхутепсэлъыхьащ ПащIэ Бэчмырзэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ, усакIуэм къищынэмыщIауэ, жылагъуэ лэжьакIуэуи ар тхыдэм къызэрыхэнам, и усэхэм, уэрэдхэм, хъуэхъухэм, гъыбзэхэм нобэр къыздэсым щIэупщIэшхуэ зэраIэм.
Зэхыхьэм ирагъэблэгъащ ПащIэ Бэчмырзэ и цIэр зезыхьэ музей Нартан къуажэм къыщызэзыгъэпэща, КъБР-м и Лъэпкъ музейм и къудамэм и унафэщI ПащIэ Ленэ. Ар ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ усакIуэм и гъащIэм щыщ Iуэхугъуэ гъэщIэгъуэнхэм щыщхэм икIи абыхэм я пащхьэм щигъэлъэгъуащ иджыблагъэ къыдигъэкIа «Ещё раз о Бекмурзе…» и тхылъыр. Абы ихуащ Бэчмырзэ теухуауэ архивхэм къыщигъуэтыжа, цIыхухэр зыщымыгъуазэ дэфтэрхэр.
Пшыхьым ныбжьыщIэхэр къыщеджащ усакIуэм и Iэдакъэ къыщIэкIахэмрэ ЩоджэнцIыкIу Алий ПащIэ Бэчмырзэ хуитха усэхэмрэ. ЗэIущIэм зыкърезыгъэхьэлIахэм ар щIэщыгъуэ ящыхъуауэ, щIэ куэд къащIауэ зэбгрыкIыжащ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: