Лъахэхутэ Iуэхухэр ирагъажьэ

Налшык иджыблагъэ къыщызэIуахащ Урыс географие зэгухьэныгъэм и ЩIалэгъуалэ клубым къызэригъэпэщ егъэджэныгъэ Iуэхур - «Альтаир» зи фIэщыгъэ, туризмэмрэ лъахэхутэ IуэхухэмкIэ еджапIэр. Абы и япэ дерсыр мы махуэхэм екIуэкIащ. 

Фигу къэдгъэкIыжынщи, проектыр къэзыгупсысар «Альтаир» щIалэгъуалэ клубым и унафэщIым и къуэдзэ Куглер Катаринэщ икIи а Iуэхум 2020 гъэм Урыс географие зэгухьэныгъэм иригъэкIуэкIа зэхьэзэхуэм ахъшэ къыщихьауэ щытащ.
Проектыр зытеухуам и гугъу пщIымэ, мурад нэхъыщхьэр школакIуэхэмрэ студентхэмрэ ящыщ щIалэгъуалэ гуп зэгъэуIунырщ, ахэр бгы дэкIыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм, фэбжь зыгъуэтам дохутырыр къэсыхукIэ зэрыдэIэпыкъупхъэ Iэмалхэм хэгъэгъуэзэнырщ. ЩIалэгъуалэм я дерсхэр бгы щIыпIэхэм щрагъэкIуэкIынущ, мылылъэхэм, псыкъелъэхэм екIуалIэ лъагъуэхэм ирикIуэнущ. Дерсхэр зытещIыхьаращи, лъахэхутэ Iуэхухэм хыхьэу, тхыдэм, щIыуэпсым я фэеплъ хъугъуэфIыгъуэхэр ирагъэджынущ. Егъэджэныгъэ Iуэхухэр тIууэ гуэшауэ щытынущ. ЩIыналъэ Iыхьэм зэхуишэсынущ «Альтаир» щIалэгъуалэ клубым и жэрдэмщIакIуэхэр, щIыналъэ зэхуакуу щытынум хэтынущ Урыс географие зэгухьэныгъэм и щIалэгъуалэ клубу нэгъуэщI щIыналъэхэм щылажьэхэм я лIыкIуэхэр. 
Мы Iуэхум ипкъ иткIэ щIалэгъуалэм щIэ куэд къащIэнущ я лъахэм, тхыдэм, щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэм ятеухуауэ. 
Проектыр даIыгъ Урыс географие зэгухьэныгъэм и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэм, «Налшык» лъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ IэнатIэм, Урысейм и МЧС-м Iуащхьэмахуэ щиIэ къэлъыхъуакIуэ-къегъэлакIуэ отрядым, КъБР-м ЗыгъэпсэхупIэхэмрэ туризмэмкIэ, ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм, «Дыгъэпс къалэ» академием.
 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться:

Читать также: