ФIыкIэ ягу къагъэкIыж

Нобэ зи ныбжь щэщIым щIигъуауэ КъБКъУ-р къэзыуха дэтхэнэми «Нало Ахьмэдхъан пцIыхурэ?» жепIэмэ, си фIэщ хъуркъым и теплъэ нэхъ мыхъуми темыпсэлъыхыфыну! И щытыкIэ зыщIа, и псалъэ зэхэзыхахэм зэи ягу икIыжынуи си фIэщ хъуркъым. Сыт абы и щхьэусыгъуэр? Гукъинэ пщыхъухэр мыдрейхэм ямыщхьу къигъэщIрэ хьэмэрэ къикIуа гъуэгум зыгуэру ихъуэжрэ? ТIум щыщи хэлъщ, сызэреплъымкIэ. Нало Ахьмэдхъанщи...

Зи теплъэр уардэ, зэщIэкъуа, щыгъыу хъуар – моуэ, ету традзэу занщIэу къыщIагъэкIам хуэдэ, зэкIэлъыкIуэ цIыхухъу лъагэшхуэм пщIэ хуумыщIын, уеблэмэ, фIэлIыкI-шынагъэ гуэр зыхууимыIэн хуэдэтэкъым. Адыгэбзэм хуеджэхэр япэ курсым япэу дызэIущIа егъэджакIуэхэм, япэуи гъащIэ дерс ин къыдэзытахэм ящыщт. Абы нэмыщI, зи тхыгъэкIэ пцIыхуу уи гугъэжыр уи пащхьэ егъэджакIуэу къиувэныр насыпышхуэу къэтлъытэрт! IуэрыIуатэм куууэ щыгъуазэ дищIкIэрэ, Ахьмэдхъан япэ дыдэу тхыгъэм и лъабжьэ щIэлъ, щIэгъэпщкIуа щIагъыбзэм дегупсысу дригъэсат. Ипэ итахэм куэдрэ къыджаIами, къытхилъхьэну абы хузэфIэкIат! Нарт лIыхъужьхэм я образыр ди нэгу къыщIэувэ къудейкIэ арэзы хъутэкъым, атIэ абыхэм я гъащIэм и зы Iыхьэ гуэр а зэман кIэщIым дыхъуну къытпиубыдырт. Арат си дежкIэ япэ дерс хъуари.

Филологием зи гъащIэр пызыщIэм инэхъыбэр матхэ, мэусэ, е апхуэдэ зэфIэкI иIэу и гугъэжщ. Ари  Нало Ахьмэдхъан дыщыIущIэ зэман мащIэм зэхэдгъэкIащ. Дауэ жыпIэн? Дигъатхэрт. Дигъатхэрти, гупым я пащхьэ дыкъыщригъэджэжырт, ар зэпкърыдигъэхыжырт. Зэи си фIэщ хъунтэкъым апхуэдиз гугъуехь абы пылъу! Хьэуэ, къэгубжьын – къыпщIэнэкIэн гуэр хэлътэкъым Iуэхум, ауэ сюжет гуэр къэбгупсысрэ зэхэщIэ гуэркIэ бгъэщIэращIэу гупми, псом нэхъыщхьэуи, егъэджакIуэми гурыхь ящыбгъэхъуныр тынштэкъым. Ари зы дерсышхуэт си дежкIэ. Абы тхэным нэмыщI, псэлъэкIи, зыIыгъыкIи дригъэсат. Уи гупсысэр къыумыIуэтэжыфмэ, зэхэщIыкI зэрумыгъуэтынур, лэжьыгъэм узэрыщемыхъулIэнур къыджиIэрт.

Налом идэнутэкъым утыку бэлэбанэу, узыкIэлъымыплъыжу укъихьэу. «Сабийм фахыхьэмэ, ахэр къывдалъагъу хъунукъым, цIыкIухэм сытми гу лъатэнущ!» – жиIэрт. Ину, щIыкIейуэ удыхьэшхыу, упсалъэу, гъуэгущхьэм, цIыхум уахэту псы уефэу, ушхэу ебгъэлъэгъуамэ, еджапIэр игъуэ нэмысу къэбухат! Ар псоми ящIэрт. Ипэ ит курсхэм иужь итхэр яущийрт абыкIэ. Шынагъэми узэщIикъуэрт, ар хьэлуи игъащIэкIэ къыпхуинэрт.

УпщIэр зэрымыщIэщхъури, адыгэ зэхэтыкIэм адэцIэр цIэм пыту къызэрыщамыпсэлъри, нэхъыжь-нэхъыщIэ имыIэу «уэ»-кIэ зэрызыхуэбгъазэри Налом хэкъузауэ къытхилъхьэрт. А псор щапхъэ защIэкIэ, нэрылъагъуу.

Дахагъэр хуабжьу фIэфIт. «Пщащэхэм зыфщI, зыкъифх», - жиIэрейт. ИтIанэ, езым и тхыгъэхэм къыщыхуэсэбэпын куэд щIалэгъуалэм деж къыщилъыхъуэрт. СощIэж, псалъэм папщIэ, «кхъа, иджыпсту ущыгупсысэм уи нэгум къища гуфIэгъуэр къозытар къыжыIэ!» зэрыжиIауэ щытар. Зызыхуигъэза пщащэм, Iэнкун къэхъуауэ, «сщIэркъым» жери и дамэр дришеят. Ауэ Ахьмэдхъан хигъэзыхьт: «Хьэуэ. Кхъа, жыIэт, укIытэ хыумылъхьэу! ГуфIэкIэхэр зэщхькъым, мыри куэдрэ узримыхьэлIэ зы лIэужьыгъуэ гуэрщ…»

Нало Ахьмэдхъан сабийуэ зыIуува зауэм гъащIэм и мыхьэнэм, цIыхухэм я щэнхэм, я гурылъхэм зы еплъыкIэ щхьэхуэкIэ бгъэдыхьэфу ищIащ, къызэрыгуэкI мыхъуу. Ар зэи пэжыр жиIэну шынакъым. Захуэм и телъхьэу къэуващ. Ныбжьэгъугъэм и мыхьэнэр зыхищIащ икIи игъэлъэгъуащ.

Согугъэ, Нало Ахьмэдхъан и ныбжьэгъуу щытауэ, иригъэджауэ, дэлэжьауэ – куэдым мы махуэхэм ар ягу къагъэкIыжыну. Насыпышхуэщ зэрыщыIар, егъэджакIуэу, тхакIуэу зэрыщытар! ЩIэблэм къахуэнащ гъуазэ яхуэхъун и тхыгъэхэр!

ЕЗАУЭ Мадинэ, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ кафедрэм и доцент ЦIыпIынэ Аслъэн и цIэр зезыхьэ Адыгэ лъэпкъ центрым и гуащэ.
Поделиться: