ЩIэблэр хэкупсэу гъэсэнХэку зауэшхуэм и илъэсхэм хэкIуэда зауэлIхэм я фэеплъ Шэджэм къалэм дэтым деж щрагъэжьащ Хэкум и ХъумакIуэм и махуэм теухуа зыхъумэжыныгъэ-цIыхубэ Iуэхухэм, щIалэгъуалэр хэкупсэу къэгъэтэджынымкIэ хухаха мазэ лэжьыгъэр. Абы хэтащ щIыпIэ унафэщIхэм, Урысей ДОСААФ-м и къудамэу районым щыIэм, дзэ комиссаритым, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм, политикэ партхэм я лIыкIуэхэр, еджакIуэ ныбжьыщIэхэр. Къызэхуэсахэм я пащхьэм къыщыпсэлъащ Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Арипщ Борис, Шэджэм районым и дзэ комиссар Мысрокъуэ Ахьмэд, Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ зэщIэузэда къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я республикэ советым и унафэщIым и къуэдзэ Романенкэ Борис, Шэджэм район щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэм и къуэдзэ - ЕгъэджэныгъэмкIэ управленэм и унафэщI Арипщ Жаннэ сымэ.
Поделиться:
Читать также:
19.04.2024 - 16:42 →
ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 →
Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 →
Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 →
Щыуагъэм щахъумэу
19.04.2024 - 15:46 →
Дэчыхыныгъэм кърикIуар
|