КъуажэцIэ нэхъ кIыхь дыдэр КъБР-м щыIэщ

«Яндекс»-м иджыблагъэ иригъэкIуэкIа къэпщытэныгъэм ипкъ иткIэ, Урысей Федерацэм и ит жылэхэм я цIэхэм щыщу нэхъ цIэрыIуэхэр, нэхъ кIыхьхэр, нэхъ гъэщIэгъуэнхэр къыхигъэщащ.

КъуажэцIэ нэхъ кIыхь дыдэу Урысейм къыщагъэлъэгъуар Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщщ - Кременчуг-Константиновское, ар хьэрф 25-рэ мэхъу. ДыщIыдгъужынщи, Кременчуг-Константиновкэр Бахъсэн щIыналъэм хохьэ, километр зэбгъузэнатIэ 40 мэхъу, цIыху 1300-м щIигъу дэсщ, езы жылэр 1885 гъэм яухуащ.

«Яндекс»-м и аналитикхэм къагъэлъэгъуахэм яхэхуащ зэпэщIэхауэ щымыту, дефиси дэмыту Верхненовокутлумбетьево къуажэм и цIэр. А зы псалъэм хьэрф 23-рэ хэтщ.

Урысей Федерацэм нэхъыбэ дыдэу иIэ къуажэцIэр фщIэрэ? Ахэр щы мэхъу - Александровкэ, Ивановкэ, Михайловкэ. Мыхэр зимыIэ зы хэгъэгуи ди къэралым иткъым. Александровкэ къуажэу 333-рэ, Ивановкэ жылэу 280-рэ, Михайловкэу - 272-рэ иIэщ Урысейм. Зы цIэр зэ закъуэ фIэкI фIамыщауэ жылагъуэ мин 65-рэ диIэщ.

Апхуэдэуи аналитикхэм къыхагъэщащ урысыцIэ гъэщIэгъуэн, уеблэмэ дыхьэшхэн зиIэ жылэ 20 хуэдиз (Выходной, Чуваки, Суета, Накипелово, Адово, Беззаботы, Трясучая, Мамкино, Полноват, Шуточкино, нэгъуэщIхэри)

КъуажэцIэ нэхъ кIыхь дыдэм ещхьу нэхъ кIэщI дыдэхэри къагъуэтащ къэпщытэныгъэр езыгъэкIуэкIа IэщIагъэлIхэм. Ахэр 27-рэ мэхъу. Иджыри зы гъэщIэгъуэн: Ям, Яр къуажэцIэ нэхъ кIэщIхэм ящыщитIыр Урысейм дэтхэнэри 11-рэ къыщокIуэ.

 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.
Поделиться: