Дунейм щыхъыбархэр

Хэт нэхъ насыпыфIэр?

 
Насыпыр зищIысым цIыхур егупсысын щыщIидзар къэщIэгъуейщ икIи ар зыхалъагъуэри нобэм къыздэсым зэтехуэркъым. Ар куэдкIэ елъытащ цIыхур зыхалъхуа лъэхъэнэм, и щыIэкIэ-псэукIэм. Псалъэм папщIэ, зауэр зи нэгу щIэкIам нэхъ насыпышхуэ дыдэу къилъытэр мамыру псэунырщ. Ар икIи гурыIуэгъуэщ - а гужьеигъуэм къыпхыкIар нэгъуэщI фIыгъуэ мы дунейм щыхуейкъым.

ЩIэныгъэлIхэми куэд щIауэ ядж цIыхум насыпыфIэу зыкъыщилъытэжхэм деж абы и псантхуэми, игуми, и лъынтхуэхэми - зэрыщыту и Iэпкълъэпкъым - игъуэт зэхъуэкIыныгъэхэр. Я нэхъыбапIэкIэ ахэр арэзы тохъуэ цIыхур нэхъ мащIэмкIэ арэзы щыхъум, куэд зригъэхъулIэным щыхущIэмыкъум деж насыпыфIэу къызэрыщIэкIым. Ауэ а Iуэхум нэгъуэщIу еплъхэри щыIэщ. Къапщтэмэ, США-м щыщ Филадельфие къалэм и Пенсильвание университетым и щIэныгъэлIхэм трагъэчыныхь ахъшэ нэхъыбэ иIэху цIыхур зэрынэхъ насыпыфIэм. АбыкIэ щапхъэу къахь Скандинавием - Ищхъэрэ Европэмрэ Атлантикэ ищхъэрэмрэ къызэщIаубыдэ щIыналъэм - хыхьэ къэралхэм щрагъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэм кърикIуахэр. Данием, Швецием, Норвегием, абыхэм тхыдэкIэ къапыщIа Финляндиемрэ Исландиемрэ исхэм ахъшэм и къарум шэч къытрамыхьэжу апхуэдэщ икIи нэхъыбэ зиIэм и насыпри нэхъ кууэ къалъытэ.
Экономикэм и зыужьыныгъэр щIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм ирапх цIыхухэм насыпыфIэу зыкъалъытэжынымкIэ шэсыпIэу. Апхуэдэу щытми, щIэныгъэлI куэд арэзы техъуэркъым а Iуэху еплъыкIэм. Къапщтэмэ, Канадэм и Макгиллэ университетымрэ Испаниемрэ и Барселонэм и университетымрэ щыщ щIэныгъэ лэжьакIуэхэм къахутащ ахъшэм мыхьэнэ мащIэ дыдэ фIэкIа щимыIэ, абы и куэдагъым зыри щытрамыщIыхь жылагъуэхэм щыпсэухэр куэдкIэ зэрынэхъ насыпыфIэр.
А Iуэхур нэсу зэхагъэкIын папщIэ щIэныгъэлIхэр мазэ бжыгъэкIэ яхэсащ Соломон хытIыгухэмрэ Бангладешымрэ я бдзэжьеящэ къуажэхэмрэ къалэхэмрэ, зэрагъэпщащ къалэшхуэхэм дэсхэмрэ абыхэмрэ я псэукIэр, гъащIэм зэрыхущытыр. Ахэр зи хьэщIахэм я хэхъуэр икъукIэ мащIэ дыдэщ, иужьрейхэм еплъытмэ. ЗэдзэкIакIуэхэр къагъэсэбэпурэ щIэныгъэлIхэр зи бысымхэм яхэупщIыхьащ, насыпыр къазэрыгурыIуэм трагъэпсэлъыхьу. Илъэс тIощIым къыщыщIэдзауэ тхущIым нэс зи ныбжь цIыху 678-рэ хэтащ а къэхутэныгъэхэм. Абыхэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, я хэхъуэхэр нэхъыбэ щхьэкIэ цIыхухэм нэхъ насыпыфIэу зыкъалъытэжыркъым. Мыдрейуэ, нэхъ хуэмыщIауэ псэухэм насыпкIэ гуныкъуэгъуэ лъэпкъ яIэтэкъым. Абыхэм насыпыр халъагъуэ я Iыхьлыхэм яхэсу, щIыуэпсым и хъугъуэфIыгъуэхэр нэсу зыхащIэу, узыншэу дунейм зэрытет къудейм.
ЩIэныгъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, ди зэманым интернетым дэнэ щIыпIи «узэрынихьэсыфми» егъэмащIэ цIыхум насыпыфIэу зыкъыщIилъытэж щхьэусыгъуэхэр, сыту жыпIэмэ, я псэукIэр нэгъуэщIым ейм иралъытмэ, абыхэм къагуроIуэ яIэ Iэмалхэр зэрызэхуэмыдэр икIи къалэшхуэхэм щыпсэухэм, тыншыпIэ псори зиIэхэм йохъуапсэ. Аращи, щIэныгъэлIхэм ялъэгъуа псори зэхалъхьэжри жаIащ: уIэбэмэ узыхуей псори щыбгъуэт щытыкIэм нэхъ пэIэщIэхукIэ, ахэр зищIысыр ямыщIэхукIэ цIыхухэм насыпыфIэу зыкъалъытэж, я псантхуэри нэхъ хъума мэхъу.

 

Поделиться: