СНГ-м хыхьэ къэралхэр ди дэIэпыкъуэгъууУрысей Федерацэм и Президент Путин Владимир УФ-м и Правительствэм пщэрылъ щищIащ ерыскъыхэкIхэм я уасэр дэмыуеин папщIэ СНГ-м хыхьэ къэралхэм я мэкъумэшхэкIыр ди къэралым кърагъэшэну. Иджы Федеральнэ антимонопольнэ къулыкъущIапIэм и къалэнщ хадэхэкIхэм, пхъэщхьэмыщхьэхэм, мэкъумэш IэнатIэм къыщалэжь ерыскъыпхъэхэм я уасэр щIипщытыкIыну, сату щIапIэхэр и нэIэ щIигъэтыну. Путин Владимир ищIа унафэм хэтщ, цIыхухэм япэIэщIэу щымытын щхьэкIэ, бэзэрхэм, жармыкIэхэм, ерыскъы щапIэхэм я бжыгъэр нэхъыбэ ящIыну. Апхуэдэуи къэрал Iэтащхьэм жеIэ мэкъумэшым елэжьхэм кърахьэлIэр зэращэн Iэмал къахузэгъэпэщын хуейуэ.
Поделиться:
Читать также:
18.03.2024 - 15:45 →
IэIэтым – унагъуэкIэрэ
18.03.2024 - 15:10 →
Гъатхэмрэ мурад дахэхэмрэ
15.03.2024 - 13:33 →
Дзыхь зыхуэфщIыр къыхэфх!
29.02.2024 - 14:07 →
КъэкIуэнум дызэреплъ нэ
26.11.2023 - 10:59 →
ЩIыналъэм и хэхъуэр сом мелард 50-м щIигъунущ
|