Тыгъэ хьэлэмэтхэр сабийхэм къахуигъэнащ

Къыргъыз тхакIуэшхуэ Айтматов Чингиз и роман «Буранный полустанок» зыфIищам мыпхуэдэ миф итщ. Жуанжуанхэр Азие Курытым щыпсэу лъэпкъ цIыкIу гуэрым къытоуэри хэкур яхъунщIэ. ЗауэфI щыIэкъым: жуанжуанхэм лейуэ зэрахьам я нэхъ Iей дыдэу цIыхум я гум мыпхуэдэ хьэкIэкхъуэкIагъэр къонэ. ЗэрыпхъуакIуэхэм зытекIуа лъэпкъым нэхъ щIалэ Iэчлъэчхэр къыхачырт, ахэр Iэпхлъэпх ящIырти, къумым къранэрт. Абыхэм я щхьэм фIэкъуа шхуэл цIынэр къурэу зэпрыгъукIырт.

Махуэ зытхух дэкIа нэужь жуанжуанхэм къагъэзэжырти - лIар лIащ, псэууэ къэнам я щхьэр ятIэтэжырт. Псэ яIуту къызэтена щхьэкIэ, абыхэм езыхэр зыщыщи, къызыхэкIаи, я ади, я ани къахуэцIыхужынутэкъым. Апхуэдэ лей зылъыса, къэзылъхуаи къыдалъхуаи зымыцIыхуж щIалэхэм зэреджэу щытар манкуртт.
Бзаджагъэр, цIыхугъэншагъэр, тхьэмыщкIагъэр зыр зым къилъхуж щхьэусыгъуэу щызэпхащ Айтматовым и романым хэт миф гъэщIэгъуэным. Мифыр таурыхъщ. Ауэ мы мифым зи гугъу ищI манкуртым и «Iыхьлы» гъащIэм дыщримыхьэлIэу щытамэ, езы мифри апхуэдэу щIэщыгъуэ, гъэщIэгъуэн къытщымыхъункIи хъунт.
Манкурт щэнщ укъыщалъхуа хэкум, укъызыхэкIа лъэпкъым и тхыдэм, и щэнхабзэм, и бзэм псэкIэ ухуэхамэу дунейм утетыныр. КъытщIэхъуэ щIэблэр мис абыхэм хуэхамэ мыхъуныр, дауи, ди сабий литературэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщ зыщ.
Дэ сабий IуэрыIуатэ къулей диIэщ: уэрэдхэр, усэхэр, таурыхъхэр, къебжэкIхэр, къуажэхьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр. Ауэ ди нобэрей сабий литературэр къулейуэ жыпIэныр пасэщ, тхылъеджэ цIыкIухэмрэ цIыкIунитIэхэмрэ нэхъ зыхуеину тхылъу дунейм къытехьэм гулъытэ нэхъыбэ хуэщIын щIыхуейри гурыIуэгъуэщ.
АфIэунэ Лиуан и сабий тхылъхэм уащытхъукIэ емыкIу къэпхьынукъым. Лиуан цIыкIухэм усэбзэкIэ зэрепсэлъэн зэчиишхуэ бгъэдэлъащ. И усэ нэхъыфIхэр уащIытеукIытыхьын ябгъэдэмылъу хуэхьэзырщ зи школ щIэтIысхьэгъуэ нэмыса цIыкIухэми пэщIэдзэ классхэм щеджэхэми гукIэ зребгъэгъэщIэну.
Адыгэ тхакIуэхэм цIыкIухэм папщIэ зыгуэр зымытха е итхыну зи мымурад къытхэткъым, ауэ АфIэунэм хуэдэу сабийхэм епсэлъэфа, мы дунейр зэрытелъыджэр, сабиигъуэр таурыхъым и хьэуакIэ зэрыбауэр, псэущхьэхэми псэ зэраIутыр, абы я псэми хуэсакъын зэрыхуейр цIыкIухэм яжезыIэфа усакIуэ дэ диIэу сыщыгъуазэкъым.
Псом япэу гу зылъыптэр мыращ: Лиуан и усэхэм я нэхъыбэр сабийм зыкъыпхуигъэзауэ усэкIэ къопсалъэ хуэдэу тхащ. АпхуэдизкIэ «тыншу» тхащи, хэлъышхуэ щымыIэ хуэдэуи къыпщыхъунущ зэ еджэгъуэкIэ. АрщхьэкIэ сабий ухъужынуи тынш? Гугъущ, дауи, апхуэдэ усэ птхынри. Сабийм и гум и хуабэр, и дуней еплъыкIэр, и псэлъэкIэр хуэхъумэу цIыху балигъхэм къахэнар дапщэ? Сабийм я Iуэху еплъыкIэр, дунейр зэрызыхащIэ щIыкIэр гукъинэжу, гъэхуауэ къызэриIуэтэн анэдэлъхубзэ зыIурылъри куэд хъурэ?
Лиуан и усэхэм хэт сабийм мыпхуэдэу захуегъазэ псэущхьэхэм.
Бзум:
Току зэрыкIуэ кIапсэм,
КхъыIэ, фытемыс.
Си шэнт лъахъшэ цIыкIум,
ИIэт, фыкъэтIыс.
ТхьэкIумэкIыхьым:
Зэ къэувыIэ,
Нэхъ хуэм зыщI,
УмэжалIэм, умыбзыщI.
Умышынэ, умукIытэ,
Ди хьэ мыщи ублэсшынщ.
ЗыбгъэнщIыхукIэ
Пхъы, къэбыстэ
Ди деж къакIуи
Уэзгъэшхынщ.
ШкIащIэм:
КIышэ, кIышэ,
Си кIэбышэ,
Си лъэбыцэ
Быцэ цIыкIу,
УщIэбур сыт апхуэдизрэ,
Си нэIуцэ,
Iуцэ цIыкIу…
Усэм хэт сабийр шкIэм зэрепсалъэ щIыкIэм ущыщIэдэIукIэ, сабийр къыдалъхуа гуэр дэуэршэру, абы и гур фIы хуищIыныр езым дежкIэ насыпу къилъытэжу зыхыбощIэ.
Мы усэхэми нэгъуэщI щапхъэ куэдми гу щылъыботэ: IуэрыIуатэм и акъужь къабзэм иробауэ Лиуан и поэзиер. Лиуан ижьымкIэ мэIэбэри Iэмал къегъуэт, сэмэгумкIэ мэIэбэри а Iэмалыр ирегъэфIакIуэ, усэр сабийм и псэм дыхьэн хуэдэу ипсыхьын папщIэ. ИкIи ар гъуэзэджэу хузэфIокI.
МыкIуэщIыж гуапагъэкIэ, хуабагъэкIэ, гущIэгъукIэ гъэнщIащ АфIэунэм и усэхэр. Санэмрэ жызумымрэ зопсалъэри, жызумей пагэм санэр еущий нэхъ лъагэу дэкIеину. Санэм и жэуапыр мыращ:
«Хьэуэ, хьэуэ, жызумей,
Сабий цIыкIухэр зэзгъэхъуапсэу
Ин сыхъуну сыхуэмей».
Сабийм бгъэдэзмылъхьэн инагъ, беягъ сыту сщIын сэ жыхуиIэщ санэм. Уегупсысыпэмэ, хэт апхуэдэу жызыIэфынур? Санэра? Анэра? Адэра? Щхьэхуещагъэр зэрымыфIым теухуауэ усэуи, рассказуи, статьяуи сыт хуэдиз ухуейми бгъуэтынущ. АрщхьэкIэ АфIэунэм хуэдэу кIэщIу икIи дахэу цIыкIухэм ар яжезыIэфыр зырызыххэщ. Мис «Шылъэгу» зыфIища усэ цIыкIур.
Зым и уни ар щIэмыхьэ,
КъэкIухьынкIи лъэрымыхьщ.
Зы псэущхьи ящIэмыхьэ,
Зыми хъуркъым фIэгуэныхь.
Жыжьэ дыдэ умыIэбэжуи ди литературэм усэ куэд къыхэбгъуэтэфынущ я сатырхэр плакатым къытратхыкIам хуэдэу «занщIабзэу», итIани гум емыхуэбылIэу. «Умыщхьэх, уемышу лажьэ, япэкIэ бакъуэ, щIалэфIу дунейм тет» жыхуиIэ ущие гъущэхэмкIэ зэщIэузэдауэ. Ущие гъущэр къызытекIуа сабий усэм поэзие, дахагъэ ущIыщылъыхъуэжын щыIэкъым. АрщхьэкIэ поэзием и къэуат зылъэIэса ущиери псэм щIэщыгъуэу пIэпихыу къыщIокI мис мы «Бабыщ шыр» усэм хуэдэу:
Щимэ, щимэ,
Лъабэ щимэ -
Лъэпхъуамбищ.
ЗыгъэпскIакIуэ докIуэ
Псыхъуэм,
Уэри накIуэ,
Дяпэ нищ.
- Хьэуэ, хьэуэ,
Сыт а жыфIэр?
Сыздэфшэну фыхэмыт.
Бабыщ «мамэ» си мыгъусэу
СынэкIуэну сыхуимыт.
Лиуан и усэхэм хэлъ ущиер Iэдэб, сакъ, Iэ щабэ-Iущабэ зыщIыр а ущием и щIыбагъ къыдэт гущIэгъур, поэзиер къэзыгъэщI цIыхугъэ дахэр арщ. Мис абы и щапхъэ гъуэзэджэщ «Аргъуей» усэр:
Лъабэ псыгъуэщ.
Ар пэ кIыхьщ.
Жэщ зэрыхъуу
Къелъэтыхь.
КъыстотIысхьэ,
Къызодзакъэ,
Сигъэжейркъым,
Къысщымысхь,
Ауэ сщIэркъым,
Сэ итIани
Ар итIани
СфIэгуэныхьщ.
Аргъуей нэхърэ нэхъ угъурсызрэ нэхъ уфIэмыгуэныхьынрэ щыIэ? ИтIани аргъуейри фIэгуэныхьщ мы усэр къэзыIуатэ цIыкIум. «Аргъуейр бзаджэщ, и зы дзажэпкъ къыхэхын хуейщ», - жаIэ адыгэм ауаныщIу. Мы ауаным гущIэгъу тIэкIуи хэлъу къыщIэкIынущ. Лиуан и усэм а гущIэгъур сэтей къещIри къыбжеIэпэ: пэжщ, бзаджэщ аргъуейр, ауэ абыи псэ Iутщ, псэм гущIэгъу хуэфащэщ.
Сабийр нэхъ псэ щабэ, нэхъ гущIэгъулы хъунукъым «аргъуейр укI, хьэндрабгъуэу къыпIэрыхьэр фыщI», - жепIэкIэ. ЦIыкIур гущIэгъум, цIыхугъэм хуэущиинри, и анэдэлъхубзэр фIыуэ егъэщIэнри - а мурад дахэхэр зэщыщхъуу щызэхэтщ «Аргъуей» усэми нэгъуэщI усэфI куэдми. Сабийр зоопаркым кIуауэ къаплъэным бгъэдэтщи йоущие:
- Укъаплъэнкъэ уэ
                        Инышхуэр,
Сытыт нетIэ ущIэгъар?
Дэ къыджеIэт мыдэ
                    псынщIэу,
Хэт уи жагъуэ къэзыщIар?
- Зыми, цIыкIухэ,
СлъэмыкIыжу
ГуащIэмащIэ -
Жьы сыхъуащ.
Сабиигъуэр сигу къэкIыжри
Фыщыслъагъум тIэкIу сыгъащ.
Мыпхуэдэ усэхэм куэдрэ утепсэлъыхь нэхърэ куэдрэ уеджэну нэхъ гуапэщ. ФэрыщIыгъи, хьилагъи, бзэмыIугъи хэлъкъым мыбыхэм. ЦIыхур дэнэ къэна, псэ зыIут дэтхэнэ зыми дащысхьын хуейщ, ахэр дэ къэдгъэщIакъым - къыджаIэ хуэдэщ Лиуан и усэ куэдым.
ХьэкIэкхъуэкIэм, псэущхьэхэм теухуа усэхэм хэлъ хуабагъэм нэхърэ мынэхъ мащIэ щызыхыбощIэ гъэм и лъэхъэнэхэм теухуа - пейзажнэкIэ узэджэ хъуну усэхэми. Ахэри нэгъуэщI куэди ди сабий литературэм и тхыгъэ нэхъыфI дыдэхэм зэращыщым шэч хэлъкъым.
ЦIыкIухэр ди IуэрыIуатэм, литературэм, анэдэлъхубзэм и IэфIыр зыхащIэу къэтэджмэ, езыхэм я дежкIи къызыхэкIа лъэпкъым и дежкIи нэхъыфIщ. ЗэрынэхъыфIым утепсэлъыхьынуи емыкIу хуэдэу мэхъу: хэт ар зымыщIэр? - къыбжаIэфынущ. АрщхьэкIэ зымыщIэ дэнэ къэна, зыщIэну хуэмейхэми уарохьэлIэ.
Тыгъэ хьэлэмэтхэр лъэпкъ сабийхэм хуэзыщIар литературэм хуеджакъым. Ауэ щыхъукIи, Лиуан и усэхэр щапхъэщ литературэр зи IэщIагъэ куэдым я дежкIэ.

Адыгэбзэ

Си бзэ дахэу
Адыгэбзэ,
Си бзэ дахэу
Уэ си нэху!
Уэращ
Си анэдэлъхубзэр,
СфIэбэмащIэщ
Сыпсэлъэху!
Упсэу, си бзэ,
ХьетI жегъэIэ!
«Нур» журналми
Сыкъоджэф!
Си насыпти
Уэ узиIэщ,
Дэ ди нани
Сопсэлъэф!

Бзу цIыкIу

Уэ бзу цIыкIум
Адыгэбзэ
Хэт уэзыгъэщIар?!
«Псы сыхуолIэ, тIу», -
ЖыпIэфу
Сэ къызэрысщIар -
 Сылъэтэным хуэдэу
Гуапэ,
Гуапэ къысщыхъуащ.
УрикъухукIэ
Псынэпс щIыIэ
Ефэ,
Къыпхуэсхьащ!

Щхъырыбей

Уехъуэпсэн къудейуэ,
Щхъырыб нащхъуэ къомбэ
Пытщ ди
Щхъырыбейм.
Ныбэкъ цIыкIу
ЦIыкIу чейуэ
ТхыпхъэщIыпхъэ защIи, -
Сыту дахэкIей!
Мыхъуу зытIущ сшхымэ,
Си дзэр игъэшынщ.
Плъыжь фIыцIафэу, хъумэ
Мис итIанэ сшхынщ.
Птеткъым банэ
Санэм,
Птеткъым жызумейм.
…Щхьэ къызжевмыIарэ
Зэрытетыр банэ,
Банэ
Щхъырыбейм?!

Нау цIыкIу

Уа-рэ, феплъыт,
Ди нау цIыкIум.
Феплъыт -
Сэ зыкъыспещIыж!
Сыт ишхами -
Шха иужькIэ
Iупи напи
ЕлъэщIыж!
Хьэлэмэткъэ -
СогъэщIагъуэ,
Ар зэрыгубзыгъэ
ЦIыкIу!
Напэ фIейуэ,
Iупэ фIейуэ
Къалъагъуну
ФIэемыкIущ!

Дадэ и сурэт

Мэди Берди къызэхъуапсэу,
Зы щымыIэу къызыхуэт,
Къыпачауэ ещхьыркъабзэу,
СщIакъэ дадэ и сурэт!
МыпIыщIэну щIыIэ хъуамэ,
ЩхьэрыстIагъэщ пыIэ къуаци,
Джэдыгу кIыхьи щыстIэгъащ.
МыпIыщIэну и лъакъуитIым
УпщIэ вакъи лъыстIэгъащ.
МыпIыщIэнуи сэ и IитIым
IэрыстIагъэщ дыжь IэлъитIи,
ПащIи жьакIи хуэсщIыжащ!
Къеплъыт, уэри, Iэниуар,
Фимыдадэу пIэрэ ар?!

Джэш дэжей

Уа-рэ, нанэ
Хиса джэшыр
ЩIым щхъуантIабзэу
КъыхэкIащ!
ПащIэ цIыкIухэр
ИгъэтIейуэ -
Джэш дэжейуи
КъыщIэкIащ!
Дадэ сэрэ
Дызэгъусэу
ЩыхухэтIтIэм
Баш куэдIей,
Ар ин хъуну
Си гугъакъым,
Си лъэгуажьэм
Къэс къудейт.
Иджы башхэм
Зыридзауэ,
Дэжеиныр
Имыух.
Сэ нэхъ цIыкIуи
Сыхъужауэ,
Езы джэшыр
Къысхуоплъых!

Тхьэгъэлэдж

Махуэм дэнэ
УздэщыIэр,
Зи бзэр дахэу
Си IэфI цIыкIу?!
«ЦIутIи-пIутIи»
Уэ жумыIэу,
ЗыщIэбгъэпщкIур сыт,
Хуэмыху?!
КъакIуэ мыдэ
Умышынэу,
КъоIусэну
ПфIэщIыр хэт?
ДегъэдаIуэ
ШыкIэпшынэм
Зэхэдгъэхыт
Уи уэрэд!
- Махуэ псом
СыхущIэмыхьэ:
Сотхыр псысэ,
Согупсысэ,
Сошхэ,
Дыгъэм зызогъэу.
Жэщыр хъуамэ,
Нэху щыхункIэ
Губгъуэ Нанэ
Сыхуоусэ,
Губгъуэ Нанэ
Тызогъэу!

Япэ уэс

Япэ уэсым щыгуфIыкIыу,
Къуаргъхэм къалъэтыхь.
Iэжьэ цIыкIухэм, щIэкIуэрыкIыу,
ДэнкIи къыщажыхь.
Си щхьэм щIыIэ хэмыхьэну
ПыIэр къескъухащ.
Гуэщи уни, зы къэмынэу,
Я щхьэр къетхъухащ.
Ди мамыжьри жьэгъуэшхэжу,
Мес, гъущапIэм щIэсщ.
Хужь защIыну я гугъэжу
Къуаргъхэр уэсым хэсщ.

Хьэндырабгъуэ

Изохужьэ, къэслъэгъуамэ,
СфIыхолъатэ удз гъэгъам.
Срегъэшыр - среуд.
Изогъэшыр - къызоубыд.
СодэхащIэ - соутIыпщыж.
Хуит сщIыжакъэ, мэлъэтэж!

Къаз

Уи шыр цIыкIухэм
СемыIусэ,
Уи пщэр хэпшу
Укъожажьэ.
Уи шыр цIыкIухэм
Загъэгусэу,
Сыбохужьэ -
Сыт си лажьэ?
УщымыхъуакIэ
Уэ адакъэ,
Гъуэгу сригъакIуэ,
Сыт уи дзакъэ?!

Ди Iэуа

НитIэ, нитIэ.
ЦIыкIунитIэ,
НитIэ, нитIэ,
Ди Iэуа.
Мамэ и псэ,
Папэ и псэ,
Сыт ущIэгъыр?
Хэт къоуа?
Мэж уи бжьэфыр,
Сэ зыцIыкIум,
Ар зыцIыкIум
Езмыта!..
Мамэ, сэри
СыщыцIыкIум
НитIэ хуэдэу
Сыщыта?

Къупщхьэ гуащэ

ЗезгъэкIуэнут -
СхуземыкIуэ,
ЩIыземыкIуэр
Уэ къэщIэф.
ЕзгъэщIэнут
Адыгэбзи,
Ар мыпсалъэ
Мыпсэлъэф.
СщIэркъым, сщIэркъым
Сэ итIани,
ЖысIэр сфIощIыр
ЗэхищIыкI.
Дахэ дыдэщ
АпхуэдизкIи,
Сэ а цIыкIур
Сигу пымыкI.
Жэщи махуи
Ар си гъусэщ,
Къабзэ цIыкIууи
КъызохьэкI.
Семыпсалъэм
Зегъэгусэ,
Семыпсалъэм,
Схуэмышэч.

Си бзу цIыкIур

Си бзу цIыкIухэм
Уэрэд жаIэ,
Си бзу цIыкIухэр
Уэрэдусщ.
Къезджэн?
Ахэр къызодаIуэ,
Ди бжэIупэм
КъыщотIыс.
КъэтIысакъэ -
Загъэтхъэжыр,
Зыгъэтхъэжхэри
Сэращ.
Загъэнщiакъэ.
Нэхъ дахэжу
УэрэдыщIэ
Къысхураш.

БЕЩТОКЪУЭ Хьэбас, КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ.
Поделиться:

Читать также:

25.03.2024 - 15:30 Си жэнэт
21.03.2024 - 11:30 Ахъмэт и фо изщ