Я Iэшэлъашэр турист кIуапIэщ

Мы тхыгъэм зи гугъу щытщIыну щIыпIэцIэр, Псыущхъо зыхужаIэр, Iыхьищу зэхэтщ: «Псы - у(ы) - шъ(у)хъо». 

Шапсыгъ диалектым ирипсалъэхэм зэрыжаIэмкIэ, «псыущхъуэ» псалъэм «узыпхрыплъу къабзэ», «уафэм хуэдэу къащхъуэ» мыхьэнэхэращ къарыкIыр. 
Ар дыдэм щыхьэт тохъуэ бзэ щIэныгъэхэм я доктор, щIэныгъэлI КIуэкIуэ Джэмалдин. Абы зэритхымкIэ, псалъэм и иужьрей пычыгъуэм «щхъуантIэ» мыхьэнэ иIагъэнущ икIи и пкъитIым я зэхуаку дэувэ «уы» префиксым къигъэхъур «ущхъуэнтIын», «кIуэ пэтми нэхъри нэхъ щхъуантIэ хъун» егупсысыкIэхэращ. 
Адыгэ Республикэм щыпсэуа, филологие щIэныгъэхэм я доктор Мерэтыкъуэ Къасым «Адыгейский топонимический словарь» и тхылъ цIэрыIуэм зэрыщитхамкIэ, кIахэ (адыгей) диалектым ирипсалъэхэм «Псыушъхъо» псалъэ зэхэтым «тхъурымбэ зыщI псы» мыхьэнэри кърагъэкIыу щытагъэнущ. Зэрытлъагъущи, зи гугъу тщIы жыIэкIэм ехьэлIауэ щIэныгъэлIхэм щхьэж езым и Iуэху еплъыкIэ иIэжщ. 
Шапсыгъ щIыналъэм мы и Iэгъуэблагъэм «Псыущхъуэ» фIэщыгъэм къытехъукIауэ нэгъуэщI щIыпIэцIэхэми уащрохьэлIэ. Абыхэм ящыщ зыбжанэм я гугъу фхуэтщIынщ:
- «Псыущхъуэ Ин» - Ашэ сэмэгу лъэныкъуэмкIэ къыщыхолъадэ. Нэужьыкъуэпс зи фIэщыгъэ псы бгъунжыр и къежьапIэщ. Километр 17 и кIыхьагъщ. 
- «Псыущхъуэ щхьэдэхыпIэ» зыхужаIэ сэнтхыщхьэм къыщIэж псы къуэпсхэр, Псыущхъуэ Инрэ Псыущхъуэ ЦIыкIурэ хэлъэдэжхэр, а лъагапIэм лъэныкъуэ зырызу зэхегуэшыкI. ТIуми щIэдзапIэ яхуэхъуар зы Iуащхьэ щхьэкIэ, зыхэлъэдэжыр псы зырызщ - япэр ТIуапсы, етIуанэр Ашэ хохуэж. 
- А джабащхьэм и лъэныкъуэ зэпэщхьэхуэхэмкIэ щыIэ шапсыгъ къуажэхэми а цIэ дыдэхэращ зэрахьэр: «Псыущхъуэ ЦIыкIу», «Псыущхъуэ Ин». Мыхэр къызытепщIыкIар урысыбзэкIэ зэреджэр арами, адыгэхэм абыхэм хужаIэр «ШIоикъу», «Кодэшъахьып» цIэхэращ. Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, иужьрей фIэщыгъэм «Къуэдэс (Кодеш) тыхь щыхуащI щIыпIэ» мыхьэнэри ирапхыу щытащ. 
 XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм пащтыхь правительствэм игъэувыIащ урыс администрацэм и «жыIэ» къемыувалIэу бгым къафIинауэ щыта адыгэ тIэкIум я зэхэзехуэныр икIи ахэр хуит ищIащ зыщагъэпщкIуа къуакIэбгыкIэхэм къыдэкIыу, нэхъ яфIэкъабыл щIыпIэхэм къуажэщIэхэр щаухуэну.
Арати, абыхэм, шапсыгъ-хьэкIувхэм, зи гугъу тщIы жылэхэр къыщагъэунэхужащ пасэрей къуажэжьхэр здэщыса щIыпIэхэу Псыущхъуэ Iуащхьэжьым къедзам деж. Ар къыщыхъуар 1895 гъэращ. 
ТIуапсы районым и бгылъэ-мэзылъэхэм ис адрей къуажэхэми хуэдэу, мы жылэ цIыкIуитIым я экономикэм увыпIэ нэхъыщхьэ щызыубыд унэтIыныгъэхэм ящыщ зыщ пхъэщхьэмыщхьэ хадэхэр егугъуу къэгъэкIыныр. Нэхъ мыхьэнэшхуэ зрат жыгхэм я гугъу тщIымэ, ахэр мыIэрысэ, кхъужь, дэ цIыкIу къызыпыкIэхэращ. 
Iуащхьэ екIуэкIхэм я джабэ нэкIухэмрэ мэзылъэ бгыхэмрэ иджыри къыздэсым уащрохьэлIэ Урыс-Кавказ зауэжьым ипэкIэ мы щIыпIэм исахэм щызэрахьэу щыта жыг хадэхэм ящыщу къыщызэтенахэм. ГъэщIэгъуэныр аращи, абыхэм яхэт жыгхэм ноби пхъэщхьэмыщхьэ узыншэ къапокIэ. Iэгъуэблагъэм исхэм хъер къызыпах IэнатIэхэм ящыщщ бжьэ гъэхъунри.
Шапсыгъ къуажэ цIыкIуитIым я Iэшэлъашэр турист кIуапIэщ. Абыхэм я бжыгъэм хэхъуэ зэпытщ, псом хуэмыдэжу гъэмахуэ лъэхъэнэм. ЩIыпIэм къакIуэхэр гъунэгъу бгыхэм яшэ, шытхыщхьэхэм зыщрагъэплъыхь, мэзылъэ тIуащIэхэм къыщрагъэущыхь, псыкъелъэ дахэхэм къедза къуакIэбгыкIэхэм я нэгу зыщрагъэужь. 

 

ЛУЦЭ СулътIан.
Поделиться: