«Ищхъэрэ» автовокзалыщIэр къызэIуахащ

Ухуэныгъэ

Налшык дэлъэдапIэм щаухуа автовокзалыр иджырей мардэм изагъэу, «Туризмым щIыналъэм зыщегъэужьын» федеральнэ программэм хыхьэу ящIащ. Ар шыщхьэуIум и 14-м къызэIуахащ.

Лэжьыгъэр и кIэм нэсыху зэрекIуэкIым и нэIэ тригъэтащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек.

ЩIыуэ гектариплIым нэблагъэ зиIэ автовокзалым хэтынущ автобусхэм ущежьэ пэшышхуэ, анэхэмрэ сабийхэмрэ къахузэрагъэпэща, медицинэ хуэIухуэщIэм ипэшхэр, полицэм хухэха IуэхущIапIэ.

Вокзалым къытехьэну цIыхухэм я Iуэхур нэхъ тынш ящIын папщIэ, къалэм цIыху къыщызешэкI транспортыр автовокзалым кIуэуэ ящIащ. IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, мы автовокзалым и фIыгъэкIэ нэхъ мащIэ хъунущ автомашинэу минищым нэблагъэ щызекIуэ къалэ уэрамхэм щызэтрихьэхэр.

УЭРКЪ Жыраслъэн.
Поделиться: