Къэбэрдей-Балъкъэрым IуэхукIэ къэкIуащ Урысейм лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Топилин Максим

КъБР-м махуитIкIэ щыIащ УФ-м Лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Топилин М. А. КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Лэжьыгъэмрэ цIыхухэр IэнатIэкIэ къызэгъэпэщынымкIэ федеральнэ къулыкъущIапIэм и унафэщI Вуколов Всеволод, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений сымэ щIыгъуу Топилин Максим къызэхикIухьащ социальнэ IэнатIэм хиубыдэ IуэхущIапIэ зыбжанэ - КъБР-м Медико-социальнэ экспертизэмкIэ и бюро нэхъыщхьэр, Яныкъуей къуажэм дэт психоневрологие интернатыр.
Министрым республикэм щригъэкIуэкIащ «демографие», «2024 гъэм нэсыху цIыхухэм и пэжыпIэкIэ къаIэрыхьа хэхъуэхэр нэхъыбэ щIынымкIэ социально-экономикэ зыужьыныгъэм и лъэпкъ мурадхэр зэгъэхъулIэныр икIи УФ-м и щIыналъэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым хыхьэхэм хуэмыщIауэ щыпсэухэр гъэмэщIэныр» лъэпкъ проектхэр зэфIэгъэкIыным ятеухуа зэIущIэхэр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.
Поделиться: