ЩIэныгъэ зрагъэгъуэтауэ къагъэзэж

2019 гъэм ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием псапащIэ егъэджэныгъэ программэр иублэри, зэпеуэкIэ къыхаха щIалэрэ пщащэу ­26-рэ хамэ къэрал еджапIэ нэхъыфIхэм я щIэныгъэр щыхагъэхъуэну ягъэкIуауэ щытащ. ИлъэситIкIэ еджа ди лъэпкъэгъухэм иджы къагъэзэж, я къэухьым зиужьа­рэ лэжьыгъэм и пIалъэ зрагъэщIауэ.  

Зи гугъу тщIы проектыр къы­хэзылъхьар хьэрычэтыщIэ цIэ­рыIуэ, ЩIДАА-м и Президентым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къанокъуэ Арсенщ.
Пандемием ирихьэлIами, ­гугъуехь куэд дунейм къыщыхъуами,  Уэршыкъуэ Альберт­-рэ Тхьэмокъуэ Iэминэрэ - Инджылызым, Пщынокъуэ Диа­нэ - Нидерландхэм, Батыр ­Му­хьэмэдрэ Жы­нэ Сэтэнейрэ - Швейцарием, Хьэмыз Залым - Франджым, Тау Анзор - Бельгием, Гуэщокъуэ Марианнэ ­Испанием кIуэфахэт, къапэ­щылъа къалэнхэми хъарзы­-нэу пэлъэщауэ иджы къагъэ­зэж.
ЕджакIуэ кIуахэм жэуаплы­ныгъэ ин яхэлъу Iуэхум яужь итащ, гъэщIэгъуэн куэди ялъагъуну хунэсащ. Ахэр инстаграмым щаIэ напэкIуэцIхэм къыщаIуатэ.
Къанокъуэ Арсен Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэу щыщытам цIыху 300-м нэблагъэ хамэ къэралхэм щригъэджауэ щытащ икIи илъэгъуащ абы къыпэкIуа сэ­бэпынагъыр. Иджы ЩIДАА-м и нэIэ щIэту илъэсым цIыху 50 хуэдиз игъэкIуэну зэримура­дыр жеIэ:
- Япэ зэпеуэм къыхыхьэу зи зэфIэкI зыгъэлъэгъуа адыгэ ныбжьыщIэхэм фIыщIэ яхузощI. Сэ хьэкъ сщыхъуащ: апхуэдиз зэфIэкI, щIэныгъэ ­зыбгъэдэлъ интеллигент щIалэгъуалэ дыщиIэкIэ, адыгэм къэкIуэн дахэ къыпоплъэ. Дэ абыкIэ дэIэпыкъуэгъу дыхъун хуейщ, IуэхуфIхэр дгъэбагъуэ­рэ, жэрдэм зиIэхэмрэ жы­джэрхэмрэ защIэдгъакъуэу.
ПщIэ щIэтту еджакIуэ дгъа­кIуэхэм къалэн гугъу яхуэдгъэувыркъым. ЕджапIэ нэ­хъыщ­хьэ нэхъыфI дыдэхэр ­къауха нэужь, ахэр дэни щы­лажьэну хуитщ, ауэ я бзэр, я хабзэр ­зыщагъэгъупщэ хъунукъым. Дэнэ щыпсэуми, щы­лажьэ­ми, я хэкужь къагъэ­зэжынущ абыхэм, я лъэпкъым хуэщхьэпэнущ. Дэ аращ зытетщIыхьыр. ПсынщIащэу зы­зыхъуэж мы дунейм ди лъэп­къыр декIуу ­дэбакъуэмэ, ди насыпщ.
ЩIалэхэмрэ пщащэхэмрэ здэщыIа къэралхэр къазэ­ры­щыхъуам, зэрырагъэджа щIы­кIэм, къадеджахэр зыхуэдэм, я мурадхэмрэ Урысейм къащыпэплъэмрэ тедгъэпсэ­лъы­хьу ди газетым и къыкIэлъыкIуэ къыдэкIыгъуэхэм къытеддзэнущ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

НэщIэпыджэ Замирэ.
Поделиться:

Читать также: