Жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным ехьэлIа гугъуехьхэр

КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Кыщпэк псы къыщIэшыпIэм. Абы щIыгъуащ ухуэныгъэмрэ псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэмкIэ министр Бэрбэч Алим, Налшык къалэ округым и щIыпIэ администрацэм и Iэтащхьэ ­Ахъуэхъу Тай­мураз, «Водоканал» IуэхущIапIэм и унафэщI Жанкъазий Анзор.

«Кыщпэк» псы къыщIэшыпIэрщ Налшык и Iыхьэ щанэмрэ абы къедза жылэхэмрэ щыпсэухэм къагъэсэбэп псыр мы зэманым къэзытыр. Абдеж щытепсэлъыхьащ абы и лэжьыгъэр адэкIи зэтеухуауэ иригъэкIуэкIыным пыщIа Iуэхухэм, республикэм и ­къалащхьэм дэсхэр зэфэну псыкIэ ирикъуу къызэгъэпэща хъун папщIэ ар зыхуэныкъуэ зэхъуэкIыныгъэхэм.
Республикэм и жылэхэр псыкIэ къызэгъэпэщыным хэлъ гугъуехь нэхъыщхьэр зыпыщIар бжьамийхэр жьы зэрыхъуарщ. «Псы къабзэ» щIыналъэ проектым хыхьэу 2021 гъэм я мурадщ псы къыщIэшыпIэ 19 яухуэну е зэрагъэпэщыжыну. Абыхэм сом мелуани 130-рэ хуэдиз текIуэдэнущ. Илъэс кIуам а проектым ипкъ иткIэ ящIащ псы къыщIэшыпIэ 32-рэ, абыхэм бжьамийхэр укъуэдиинри, псы къыщIэшыпIэхэр ­убруунри, псыр къыдэзышей Iэмэпсымэхэр абыхэм ­тегъэувэнри яхэту.

 

Поделиться: