Тхыдэ куу зиIэШыщхьэуIум и 22-м Урысей Федерацэм и къэрал ныпым и махуэр ягъэлъапIэ. Урысей бэракъым и тхыдэр жыжьэ, илъэс 310-кIэ узэIэбэкIыжмэ, къыщожьэ. 1705 гъэм щIышылэм и 20-м Пётр Езанэм унафэ ищIауэ щытащ сату Iуэхум епха кхъухьхэм хужь-щIыху-плъыжьыфэ ныпыр щаIэтыну. Абы езым ныпым и теплъэр зыхуэдэнур тхылъымпIэм щритхъат, плъыфэхэр зэрызэкIэлъыкIуэнури гъэнэхуауэ. Урысей ныпыр XIX лIэщIыгъуэ пщIондэ флотым ейуэ къэгъуэгурыкIуащ. 1991 гъэм РСФСР-м и Совет Нэхъыщхьэм и унафэкIэ ар Урысей Федерацэм и бэракъ нэхъыщхьэу къалъытащ. Абы ипэкIэ, зэрытщIэщи, Совет Урысейм къигъэсэбэпу щытар гъубжэрэ уадэрэ зытет чэтэн плъыжьыфэрт.
Поделиться:
Читать также:
15.04.2024 - 14:48 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
30.03.2024 - 14:16 →
Къыхэзэгъэну пIэрэ?
30.03.2024 - 11:21 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Парламентым и Унафэ
29.03.2024 - 10:28 →
КIуэкIуэ Казбек и хъуэхъу
26.03.2024 - 09:04 →
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и Указ
|