ЦIыхубэм папщIэ

Мазаем и 8-р Урысей щIэныгъэм и махуэщ

Мы гъэм илъэс 20 мэхъури ди къэралым щагъэлъапIэ Урысей щIэныгъэм и махуэр. ЦIыхубэм папщIэ щIэныгъэщIэ къэугъуеиным зи гуащIэр хуэгъэпса IэщIагъэлIхэм я махуэшхуэщ  ар, зыхуэунэтIари лъэпкъ щIэныгъэм адэкIи зегъэужьынырщ, гъащIэр ипэкIэ зыгъэкIуатэ, ар езыгъэфIакIуэ лэжьыгъэ купщIафIэхэр зэфIэзых щIэныгъэлIхэр гъэпэжэнырщ, абыхэм яхуэфэщэн  пщIэ  ягъуэтыныным къэрал унафэщIхэм иджыри зэ гу лъегъэтэнырщ.

Европей псэукIэм и мардэхэм ящыщ куэд ди Хэкум къизыхьа, ар зыужьыныгъэм и гъуэгум тезыша урысей пащтыхь  Петр Езанэм и цIэм пыщIащ ЩIэныгъэм и махуэр гъэлъэпIэныр. 1724 гъэм мазаем и 8-м абы Iэ тридзащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академие (РАН) къэралым къыщызэгъэпэщыным теухуа унафэм. Ар и тегъэщIапIэу, 1999 гъэм, РАН-р илъэс 275-рэ щрикъум ирихьэлIэу, Урысей Федерацэм и Президентым Унафэ щхьэхуэ къыдигъэкIащ мазаем и 8-р Урысей щIэныгъэм и махуэу гъэлъэпIэным ехьэлIауэ.
Тхыдэ гъуэгуанэ хьэлэмэт икIи купщIафIэ къикIуащ РАН-м. 1747 гъэм къащта Уставым ипкъ иткIэ абы еджэ хъуащ ЩIэныгъэхэмрэ художествэхэмкIэ имперскэ Академие жиIэу. ИужькIи а цIэм зыбжанэрэ зихъуэжащ. 1803 гъэм абы зэреджэр Урысейм щIэныгъэхэмкIэ и имперскэ академиет, 1836 гъэм – ЩIэныгъэхэм я Санкт-Петербург академиет. Абы хэтт ЩIэныгъэхэмкIэ академие университет, академие гимназие, физикэмкIэ, географиемкIэ, химиемкIэ къудамэхэр. 1839 гъэм лэжьэн щIидзауэ щытащ Пулковэ обсерваторэм. ЩIэныгъэм и унэтIыныгъэ зыбжанэмкIэ тхылъ куэд дунейм къытехьауэ щытащ а зэманым. Абыхэм ярыт статьяхэр я къалэмыпэм къыщIэкIырт щIэныгъэлI щэджащэхэу Ломоносов, Эйлер, Струве, Востоков, Бутлеров, Павло сымэ, нэгъуэщI еджагъэшхуэхэми.  РАН-м хэтт нэгъуэщI къэралхэм я щIэныгъэлIхэри, псалъэм папщIэ, абы и действительнэ членхэт Вольф, Вальтер, Дидро, Франклин, Гёте, Дарвин, нэгъуэщIхэри.  Урысей щIэныгъэр дунейм хуэупсащ цIыху цIэрыIуэ куэдкIэ, къэхутэныгъэ инхэмкIэ. Къапщтэмэ, апхуэдэхэщ  Ломоносов Михаил, Павлов Иван, Менделеев Дмитрий, Циолковский Эдуард, Капицэ Петр, Ландау Лев, Курчатов Игорь, Александров Анатолий, Королёв Сергей, Доллежаль Николай, нэгъуэщIхэри. Абыхэм я къэхутэныгъэхэм я фIыгъэкIэ дуней псом щыяпэу Урысейм биосферэр щаджын щIадзащ, хьэршым яутIыпщащ спутник IэрыщIыр, атом станцыр лажьэу щрагъэжьащ.
 Совет псэукIэ мардэхэр зи лъабжьэ къэралыгъуэ ди хэкум щыухуэн щыщIадза 1917 гъэм ирихьэлIэу академием хъарзынэу зиужьат. Абы хэтт действительнэ члену цIыху 49-рэ. КъыщызэIуахагъащIэм щыгъуэ абы хэтыр цIыху 17 къудейт. Апхуэдэу РАН-м иIэт лабораторэ зэмылIэужьыгъуэу 5, обсерваторэ зыбжанэ, музейхэр, щIэныгъэ лэжьакIуэу цIыхуи 109-рэ. Совет Союзыр 1922 гъэм къызэрагъэпэща нэужь, РАН-м и цIэм аргуэру зихъуэжащ: ар СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и академие хъуауэ щытащ.
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм яжь щIихуащ Академиеми. 1991 гъэм абы фIащащ ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей академие (РАН). Къэралым и дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ а щIэныгъэ IэнатIэр егъэфIэкIуэным хуэунэтIауэ щытщ   2013 гъэм и фокIадэм къызэрагъэпэща ФАНО-м (ЩIэныгъэ зэгухьэныгъэхэм я федеральнэ агентствэ) и лэжьыгъэр. Абы къызэрыхилъхьамкIэ, къэралым и щIыналъэхэм  щылажьэ щIэныгъэ-къэхутакIуэ институт зэмылIэужьыгъуэхэр зы щIэныгъэ центр иным и дамэм щIэгъэувэн хуейщ. Нобэ академием хэтщ действительнэ члену, член-корреспонденту щэ бжыгъэхэр, хамэ къэралхэм я еджагъэшхуэ куэд.   Абы нобэ щызэфIах естественнэ, жылагъуэ щIэныгъэхэм япыщIа, дунейпсо мардэм къитIасэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ инхэр.
Ди къэралым и щIыпIэ куэдым зыщаужьащ РАН-м и щIыналъэ къудамэхэми. Апхуэдэу 1993 гъэм Налшык къыщызэIуахауэ щытащ РАН-м и Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ центрыр. Ар къызэгъэпэщыным и гуащIэшхуэ ирихьэлIащ щIэныгъэлI цIэрыIуэ, техникэ щIэныгъэхэм я доктор, УФ-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Иуан Пётр. Центрым информатикэмкIэ, кибернетикэмкIэ, экономикэмкIэ, прикладной математикэмкIэ, биологиемкIэ, географиемкIэ, ядернэ физикэмкIэ, астрофизикэмкIэ, жылагъуэ, тхыдэ-филологие щIэныгъэхэмкIэ къэхутэныгъэшхуэхэр щрагъэкIуэкI. Ахэр зэфIах ди лъэпкъ щIэныгъэлI пажэхэу КъБЩIЦ-м и нэIэм щIэт институтхэм щылажьэхэм. КъинэмыщIауэ, а институтхэм унэтIыныгъэ 12-кIэ уи щIэныгъэм щыпыпщэфынущ аспирантурэми докторантурэми.  Инфоматикэмрэ щIыналъэ управленэмкIэ институтым экономикэ щIэныгъэмкIэ кандидат, доктор лэжьыгъэр щыпхагъэкI совет иIэщ. «Известия КБНЦ РАН» журналыр пIалъэ хэхам тету къыдокI. Абы къытохуэ ди лъэпкъ щIэныгъэлIхэм зэфIах къэхутэныгъэхэр зи лъабжьэ щIэныгъэ тхыгъэ купщIафIэхэр.
КъБЩIЦ-м и щIэныгъэлIхэр жыджэру ядолажьэ еджапIэ нэхъыщхьэхэми курыт школхэми. ЦIыхухэм щIэныгъэ нэхъыщхьэ етыным псэемыблэжу хуолажьэ еджапIэ пашэхэу Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетыр, Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетыр, ГъуазджэхэмкIэ Кавказ Ищхъэрэ институтыр, нэгъуэщIхэри.
ГъащIэм зиужьынымкIэ щIэныгъэр джэлэс нэхъыщхьэщ. А IэнатIэм щызыIэрагъэхьэ ехъулIэныгъэхэм куэдкIэ елъытащ жылагъуэм и псэукIэр зэрефIэкIуэну щIыкIэр. Промышленность, медицинэ, космонавтикэ, технологие лъагэхэм япыщIа нэгъуэщI унэтIыныгъэ куэд къызэщIэзыубыдэ IэнатIэм зи лэжьыгъэр епха псоми ди гуапэу дохъуэхъу я IэщIагъэм ехьэлIа махуэшхуэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрыр, Хэку псор ипэкIэ зыгъэкIуэтэн лэжьыгъэ купщIафIэхэмкIэ нэхъ къулеиж хъуну, яхуэфэщэн къэрал гулъытэ ягъуэтыну, узыншагъэ, унагъуэ насып яIэну ди гуапэщ.  Ди фIэщ мэхъу: лъэхъэнэм къигъэув сыт хуэдэ гугъуехьхэми емылъытауэ, ди щIэныгъэлIхэр адэкIи хуэлэжьэнущ къэралым и зэIузэпэщ псэукIэм.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.
Поделиться:

Читать также:

18.03.2024 - 10:55 НОБЭ
15.03.2024 - 11:29 НОБЭ
14.03.2024 - 09:00 НОБЭ
13.03.2024 - 15:50 НОБЭ
12.03.2024 - 07:10 НОБЭ