Иджырей тхакIуэ

Си гуапэу фызогъэцIыху Урысей Федерацэм щыцIэрыIуэ тхакIуэ ныбжьыщIитхум ящыщ ди лъэпкъэгъу пщащэ Мирай Мединэ. 
 
Илъэс 16 зэрыхъурэ Мединэ и тхылъхэр мин бжыгъэкIэ ди къэралым и тхылъ тедзапIэ инхэм къыщыдагъэкI. Мы зэманкIэ дунейм къытехьащ: «Синтонимы», «Синтонимы. Один из них мертв» (2016), «Воскресни за 40 дней», «Синтонимы. Четвертый лишний» (2017), «Школония», «Пятая сестра», «Рики Перри», «Синтонимы. Больно быть с тем, кто…» (2018), «Река моих сожалений» (2019), «Межвремье» (2018-2020), «Синтонимы. Большой дневник» (2020), «Зазеркалье нашей реальности» (2021). тхылъхэр.
 Илъэс 13-м иту тхэн щIэзыдза пщащэр и ныбжьыр илъэс 21-рэ хъуауэ аращи, тхылъ 12 дунейм къытригъэхьащ, абыхэм я щIэупщIэм махуэ къэс хэхъуэ зэпытщ. 
 Мединэ тхэн щыщIидзам «Мирай» унэцIэр цIэ лейуэ къищтащ, и тхыгъэхэм якIэщIидзыну. Езым зэрыжиIэмкIэ, ар Японием хуиIэ лъагъуныгъэм къыхихащ. «Мирай» цIэм «КъэкIуэну зэманым хуэплъэ» жиIэу къокI.
Пщащэм жеIэ тхакIуэ хъуным зэи зэремыгупсысар, сабий куэдми хуэдэу, ар космонавт, дэрбзэр, модельер, нэгъуэщI IэщIагъэхэми ехъуапсэу щытащ, тхэным зэрыхуэкIуари гъэщIэгъуэнщ. И нэгум куэд щIауэ щIэт теплъэгъуэхэмкIэ анимэ ищIыну яужь ихьэри, езым игу загъэу сурэтхэр зэрыхуэмыщIым къыхэкIкIэ, тхэным зрипщытат. «Сурэт дахэу схуэщIу щытамэ, зэи сымытхэххэнкIи хъунт», щыжеIэ абы и интервьюхэм я зым. Хъыджэбзыр япэу зи ужь ихьар «Пятая сестра» зыфIища тхылъырщ. Ар тхын имыухыу зригъэтIылъэкIри, «Синтонимы»-р итхащ. Илъэс 14-м иту тхын щIидзами, еджапIэм зэрыщIэсым, зэрыхущIэмыхьэм къыхэкIыу 16 хъуху нигъэсыфакъым ар. 
Мединэ курыт школым пасэу къыщIэкIри, и еджэным колледжым щыпищащ. Курыт еджапIэм зыхуэмей унэтIыныгъэ куэдым и зэман зэрыщытримыгъэкIуэдам зэрыщыгуфIыкIыжыр жеIэ абы. 
Къыхэгъэщыпхъэщ и тхылъхэр тхылъымпIэм тету къыдэкIыным ипэкIэ Мединэ Интернетым цIэрыIуэ зэрыщыхъуар. «Wattpad» сайтым хъыджэбзым и IэдакъэщIэкIхэр утыку щрихьэрти, абы къыпэджэжхэм тхэным трагъэгушхуэурэ пищащ. 
- Иджы согупсысыжри, цIыхухэм си тхыгъэхэмкIэ апхуэдизкIэ садэгуэшэну сыхуейти, ар къагурымыIуэнкIэ, ягу иримыхьынкIэ хъуну зэи сышынауэ сщIэжыркъым. Пэжщ, «Wattpad»-м уи тхыгъэ иплъхьэныр ехъулIэныгъэм и къежьапIэу къэплъытэ хъунукъым, ауэ ар щIалэгъуалэр нэхъыбэу тхылъ щеджэ утщ. Си нэкIэ сымылъэгъуамэ, си фIэщ хъунтэкъым апхуэдизу тхылъ зыфIэфI щIалэгъуалэ куэд диIэу.
 Итхахэм я ещанэу щытми, пщащэм и тхылъхэм ящыщу япэу къыдэкIар «Воскресни за 40 дней» фIэщыгъэм щIэтращ. Абы и Iыхьэ зыбжанэ Интернетым къызэрырилъхьэу куэд къыщIэупщIат къыкIэлъыкIуэным. Тхылъыр зэрыщыту Интернетым щралъхьэм, еджахэм я бжыгъэр хуэдищкIэ нэхъыбэ зэрыхъуам и мызакъуэу, тхыгъэм хэт жыIэгъуэхэр щIалэгъуалэм ену зэбграхри, я напэкIуэцIхэм къралъхьат. МащIэтэкъым абы щыщытхъури. АбыкIэ зи цIэр Iуа тхакIуэ ныбжьыщIэм и адрей тхыгъэхэри къалъыхъуэн щIадзащ. 
Дэтхэнэ тхакIуэми хуэдэу, Мединэ и къалэмыпэм къыщIэкIа тхылъымпIэм тету къыдигъэкIыну щIэхъуэпсырти, ахэр зэхуихьэсри, тедзапIэ 20-м нэблагъэм яхуигъэхьат. Языныкъуэхэм гулъытэ къыхуащIыххакъым, языныкъуэхэм ягу иримыхьауэ жэуап къатхыжащ. 
 Хъыджэбзым жеIэ и япэ тхылъыр илъэс 18 иримыкъу щIыкIэ къыдигъэкIыным егъэлеяуэ щIэхъуэпсу зэрыщытар. Арати, илъэс 19 ирикъуа къудейуэ, АСТ «Mainstream» редакцэм къыбгъэдэкI письмо къыIэрыхьащ, «Воскресни за 40 дней» тхылъыр къыхудагъэкIыну жаIэу. «А дакъикъэхэм си гум щыхъар къэIуэтэгъуейщ. СыкIэрэхъуат, апхуэдизкIэ сыгуфIати. Тхылъыр дунейм къытехьэхукIэ си фIэщ хъуакъым, икIуэтыжыну, хущIегъуэжыну къысщыхъурти. Ауэ япэ къыдэкIыгъуэр дунейм къызэрытехьэу апхуэдизу псынщIэу зэбгрыкIати, иужькIэ иджыри щэнейрэ къыдагъэкIыжын хуей хъуат.
 Абы кIэщIкIэ къыкIэлъыкIуащ «Синтонимы» зыфIищари. А зэманым тхылъий хьэзыру иIэххэт хъыджэбзым.
 Хъыджэбзым зэрыжиIэмкIэ, абы и романхэр щитхкIэ, къэхъунур езы дыдэми ищIэркъым - тхакIуэ куэдым хуэдэу, тхылъым и пкъыр зэфIигъэувэу итIанэ тхэн щIидзэркъым. «Къэхъунур сщIэмэ, абы сытемызашэу схуэтхыну сэ?», - жеIэ абы. 
«Ику иту илъэс ныкъуэкIэ сотх зы тхылъыр, ауэ Iуэхуу сиIэр къэзгъанэрэ унэм сыкъыщIэмыкIыу селэжьмэ, зы мазэм схунэгъэсынущ. Нэхъыбэу тхэныр къэзыгъэушыр, си гупсысэхэр схузэзыгъэзахуэр макъамэ дахэмрэ лъэсу зекIуэнымрэщ», - жеIэ тхакIуэ ныбжьыщIэм.
Къыхэгъэщыпхъэщ Мединэ и языныкъуэ тхылъхэм хэтыну, я жинтхэм тетыну сурэтхэр езым зэрищIыжар. А тхылъхэр нэхъыбэу ныбжьыщIэхэм яхуэгъэзами, жылагъуэр зыгъэпIейтей Iуэху куэд къыщеIэтри, хэкIыпIэ гъэщIэгъуэнхэр къахуегъуэт.
Тхэн щIэзыдзагъащIэхэм яхуэгъэзауэ абы жеIэ, япэщIыкIэ щхьэж и псалъалъэм елэжьын хуейуэ къызэрилъытэр. 
«Сэ си щыуагъэхэм хуэдэ фымыщIэ. Дунейм къытехьа тхылъыр пхузэхъуэкIыжынукъым. Аращи, тхэн щIэвдзэн ипэкIэ фи щIэныгъэм, къэухьым зевгъэужь. Щхьэж фи хъэтI къызэрывгъуэтыжыным фыхущIэкъу. Узэрытхэнум теухуа тхылъ уеджэн, а IэщIагъэм зыхуебгъэсэн хуейщ. Си щхьэкIэ Вольф Юрген, Макки Роберт, Галь Нору сымэ я IэдакъэщIэкIхэм феджэну фыкъыхуезджэнут. Псом япэрауэ, фызыхуэтхэнур фи щхьэрщ, фи псэм фIэфIырщ, ауэ адрей цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнынкIэ хъунури зыщывмыгъэгъупщэ. Тхэным фыдезыгъэхьэхын къэфлъыхъуэ, фежьэу фыщымысу. ЕхъулIэныгъэм фыщIэхъуэпс, ауэ къару псори хъуапсэм ебгъэхьынри щыуагъэщ. ТхакIуэхэм я натIэм, ипэ итахэм я гъащIэм феплъ, мащIэ дыдэщ абыхэм яхэтыр занщIэу ехъулIэныгъэ зыIэрагъэхьэфауэ. Нэхъыщхьэращи, фи IэдакъэщIэкIхэм еджэу пэжыр къывжезыIэфын фиIэн, дзыхь зыхуэфщIын критик зэвгъэпэщын хуейщ. ИтIанэ, фтхыр зигу иримыхьын зэрыщыIэнкIэ хъунури зыщывмыгъэгъупщэ. Фи зэфIэкIым, щIэныгъэм зэрызевгъэужьыным махуэ къэс фыхущIэкъу, итIанэщ ехъулIэныгъэм и бзий къыптепсэну гугъэ щыщыIэр», - жеIэ Мединэ.
Тхэн щIэзыдза ныбжьыщIэхэм я зэфIэкI щеплъыжыну абы я цIэ къреIуэ ЛитРес, Wattpad, Litnet сайтхэм. 
Псоми зэрытщIэщи, ди зэманым тхылъ еджэхэр нэхъ мащIэ хъуащ, ауэ шэч хэмылъу, литературэ зыфIэфIхэр ноби ди мащIэкъым, нэгъуэщI Iуэхущ цIыхухэм зэджэну къалъыхъуэ тхылъхэм зэрызахъуэжар, и нэхъыбэм яфIэфIыр Мединэ хуэдэу нобэрей, пщэдейрей махуэм  тетхыхьхэрщ. 
ЕфIэкIуэну ди гуапэщ!
 
 
 
 
 
 
Щомахуэ Залинэ.
Поделиться: