Сабийхэм я Iэпэлъагъуэ-тхыпкъылъэ цIыкIухэр

Хъыбар гуапэ

Бекъул Iэниуар и «Принт центр» тхылъ тедзапIэм иджыблагъэ къыщыдагъэкIащ егъэджакIуэ, тхакIуэ Багъ Марьямрэ абы ипхъу дизайнер ГъущIапщэ-Къандур Томэрэ я Iэдакъэ къыщIэкIа карточкэхэр. КъыдэкIыгъуэ щхъуэкIэплъыкIэр яхуэгъэзащ зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэмрэ курыт еджапIэм и пэщIэдзэ классхэм щIэсхэмрэ.

НапэкIуэцI 340-рэ хъу Iэпэлъагъуэ-тхыпкъылъэ щхъуэкIэплъыкIэхэм карточки 170-рэ къызэщIаубыдэ. Ахэр зытеухуа и лъэныкъуэкIэ зэрызэщхьэщыхар къагъэлъэгъуащ зэкIэлъыхьа напэкIуэцIхэм я къуапэхэм я плъыфэхэмкIэ. Абы хагъэхьа псалъэхэр бзищымкIэ - адыгэбзэ, урысыбзэ, инджылызыбзэ – къагъэлъэгъуащ, транскрипцэ щIыгъужауэ. 
Сабийхэм яхуэгъэза лэжьыгъэ щхьэпэм хагъэхьащ адыгэ дамыгъэхэр, бжыгъэхэр, пщалъэхэр, геометрие пкъыгъуэхэр, нэгъуэщIхэри. Iэпэлъагъуэ цIыкIухэр я теплъэкIи, я мыхьэнэкIи узыIэпызышэщ, цIыкIухэр дэзыхьэхынщ. 
Iэпэлъагъуэ-тхыпкъылъэхэр зыIэрызыгъэхьэнухэр фепIэщIэкI. Ахэр Адыгэ унэ тыкуэным къыщывгъуэтынущ. 
 

 

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: