УсакIуэр ягу къыщагъэкIыж

НыбжьыщIэхэм я библиотекэм, Мечиев Кязим и цIэр зезыхьэм, щекIуэкIащ «Ношу я в сердце снежные вершины» литературэ-макъамэ пшыхь гукъинэжыр. Ар къызэрагъэпэщащ КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта адыгэ усакIуэ Къэшэж Иннэ къызэралъхурэ илъэс 75-рэ щрикъум ирихьэлIэу.

Зэхыхьэр щекIуэкIа пэшым щагъэуват Къэшэж Иннэ и усэ тхылъхэр, усакIуэм теухуауэ ятхахэр, и сурэтхэр щызэхуэхьэса дапхъэ.
Налшык къалэм и курыт еджапIэ №6-м и еджакIуэ­хэм библиотекэм и лэжьакIуэхэр яхутепсэлъыхьащ зэфIэкI телъыджэ усыгъэм щызиIа Къэшэж Иннэ и гъащIэмрэ гуащIэмрэ. Пшыхьым щыжаIащ зи тхыгъэхэр пасэу газетхэмрэ журналхэмрэ къытехуа Иннэ «Дружба народов» журналым и редколлегием зэрыхэтар, усэ тхылъ 20-м щIигъу абы къызэрыдигъэкIар, уэрэд зыбжанэ зэритхар, Москва, Санкт-Петербург, Дон Iус Ростов къалэхэм щыщ композиторхэм зэрадэлэжьар, адыгэ усакIуэ куэдым я Iэдакъэ къыщIэкIа усэхэр урысыбзэкIэ зэрызэридзэкIар.
Пшыхьым и хьэщIащ КъБР-м Къалэн куэд щагъэзащIэ и щIалэгъуалэ центрым и къудамэм и унафэщI Къарэ Ратмир. Ар ныбжьыщIэхэм яхутепсэлъыхьащ усакIуэм и гъащIэм щыщ пычыгъуэ гъэщIэгъуэнхэм, Налшык къалэм абы и фэеплъ щыгъэувыным теухуауэ къыхалъхьа жэрдэмым, Къэшэжым Къэбэрдей уэрамым триухуа и усэр зытет мывэр а уэрамым и лъэс зекIуапIэм зэрыщагъэувынум, нэгъуэщIхэми.
Къэшэж Иннэ и усэхэм къеджэну тегушхуахэм тыгъэ хуащIащ усакIуэм и тхылъыр. Пшыхьым кърихьэлIахэр ирагъэдэIуащ Къэшэжым и псалъэхэр зыщIэлъ уэрэдхэм.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.
Поделиться: