Угъурлыуэ къытхущIэкIыну!

КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм дэщIыгъуу фокIадэм и 1-м ди республикэм щагъэлъэпIащ ЩIэныгъэхэм я махуэри. Гухэхъуэт а пщэдджыжьыр. ДэнэкIи хуэдэу, ди щIыналъэм и къалэхэмрэ къуажэхэмрэ я уэрамхэм къыдыхьат удз­ гъэгъа Iэрамэ дахэхэр зыIыгъ, екIуу хуэпа ныбжьы­щIэхэр. Ахэр хуэпIащIэрт я школхэм щекIуэкIыну гуфIэгъуэ зэхыхьэхэм, я япэ дерсхэм. Псом хуэдэжтэкъым махуэш­хуэр нэхъыбэу зыхуэщIа сабийхэу япэ дыдэу япэ классым кIуэхэм яIэ гукъыдэжым и инагъыр. Апхуэдэ цIыкIухэм я бжыгъэр ди республикэм мы гъэм мин 12,5-м щы­щIегъу. Псори зэхэту къапщтэмэ, гъэ еджэ­гъуэщIэр яублэжащ ди щIыналъэм и ныбжьыщIэ мини 115-м щIигъум.

ШколакIуэхэм я гуфIэгъуэр даIыгъыну, ЩIэныгъэхэм я махуэмкIэ ехъуэхъуну дэтхэнэ курыт еджапIэми а махуэм яхуе­б­лэгъащ хьэщIэ лъапIэхэр. Апхуэдэхэт ­КъБР-м и Парламентымрэ Прави­тельст­вэмрэ я лIыкIуэхэр, район, къалэ, ­къуажэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэр, егъэ­джэныгъэмкIэ щIыпIэ IэнатIэхэм я уна­фэщIхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я пашэхэр.

 

Поделиться: