Уахэм хэзыгъэбзахэ

Астрофизикхэр щыхьэт зы­техъуэ къэхутэныгъэ телъы­джэхэм ятепсэлъыхь Science Alert сайтым (Австралие) хъы-­бар зэрызэбгригъэхамкIэ, ­Шы-­­­ хулъагъуэ (Млечный путь) галактикэм и кум хуэзэу япон щIэныгъэлIхэм «къыщалъэ­гъуащ»  алъандэрэ зыщымы­гъуа­зэу щы­та пкъыгъуэ абра­гъуэ.

КIэлъыплъахэм гу лъатащ хьэршым гъуэз зэмылIэужьы­гъуэу щызэхэувэ пшагъуэ гуэ­рэнхэм ящыщу, Шыхулъагъуэ­ ­галактикэм и кум хуэзэу щызэт-рихьахэм къызэрекIуэкIыпхъэу зэрызыщамыгъазэм.  Еджа­гъэш­­хуэхэм зэрыхуагъэфа­щэмкIэ,            ар и нэщэнэщ, блэкI ­псори, здэ­кIуар къахуэмыщIэу, зэуэ­зэпсэу зы­щIэзылъафэ, хьэ­лъагъ ин дыдэ зиIэ нэрымы­лъагъу «мащэ кIыфI­хэм» («чёрная дыра») ящыщ зым, астро­физикхэр  алъан­дэрэ зы­щы­мыгъуазэу щы­там, абдеж зэ­рызы­щи­гъэп­щ­кIуам.  
Абы ипэкIэ, щIэныгъэлIхэр    зыбжанэрэ кIэлъыплъащ ­Шы­хулъагъуэ галактикэм и кум псынщIащэу щызэрызехьэ ­гъуэ­­зыпшэхэм я зыгъэзэкIэм. Абы­хэм ящыщ зыр, HCN-0.085-0.094 нагъыщэ зратар, Iыхьищу зэхэтщи, языхэзым адрейхэм ­нэхърэ нэхъ псынщIэжу зегъэкIэрахъуэ. Ар къызыхэкIыу ­къалъытэр, а Iыхьэр хэ­кIы­пIэн-шэу «мащэ кIыфIым»  зэры­зы­щIилъафэрщ.
Хьэршым зыщызыгъэпщкIу мыбы хуэдэ нэрымылъагъу ­пкъыгъуэ абрагъуэхэр, къашэч и лъэныкъуэкIэ, лIэужьыгъуэ зыбжанэу зэщхьэщедз. Псалъэм ­папщIэ, абыхэм яхэтщ, ди пла­нетэр  зи гуэгъу вагъуэ жьэ­ражьэм нэхърэ 62-кIэ фIэкIа мы­нэхъ хьэлъэ «цIыкIужьейхэри», ди Дыгъэм хуэдэу минищэ ­бжыгъэ къэзыгъэуэндэгъу, ямы­лейуэ зэхэуба «мащэ кIы­фIыжь­хэри». Шыхулъагъуэм и кум «къыщалъэгъуауэ» зыхужаIэр курыт хьэлъагъ зиIэщ.

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: