ЩIэныгъэр ислъам диным зэреплъыр

Адыгеймрэ Краснодар (Бжьэдыгъукъалэ) къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэмрэ я муслъымэн IуэхущIапIэм и жэрдэмкIэ, физико-математикэ щIэныгъэхэм я доктор, щIэныгъэлI, профессор Шумахуэ Мухьэмэд и «ЩIэныгъэр ислъам диным зэреплъыр» тхылъыр Налшык къыщыдэкIащ.

«Япэ къыдэкIыгъуэм хуэдэ дыдэу, - щыжеIэ Шумахуэ Мухьэмэд тхылъым и пэублэм, - ди мурадыр тхылъеджэр ислъам диныр къежьапIэ зыхуэхъуа щIэныгъэ къудамэхэм щыгъуазэ тщIынырщ».
«Ди жагъуэ зэрыхъущи, нэхъыбэм ислъамыр зищIысыр зрагъэщIэну иужь щихьэкIэ, жэуапыр дзыхь зыхуэпщI мыхъун тхыгъэхэмрэ цIыхухэмрэ я деж къыщалъыхъуэ, - къыпещэ адэкIэ щIэныгъэлIым. - Абы къыхэкIкIэ, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ диным теухуауэ еплъыкIэ пхэнж къащыIэрыхьэр мащIэкъым. Ислъамым щыгъуазэ зысщIынщ жызыIэм, щIэныгъэр къыщилъыхъуапхъэри ищIэу, езым и щхьэкIэ Iуэху еплъыкIэ узыншэ зэригъэгъуэтыжын хуейщ».
Тхылъым и етIуанэ пэублэм Адыгеймрэ Бжьэдыгъукъалэ къегъэщIылIа Iэгъуэблагъэмрэ я муслъымэн IуэхущIапIэм зыкъыщытхуегъазэ: «Нэху» («Свет») газетым и щIэджыкIакIуэхэм я лъэIукIэ Адыгэ университетым и профессор Шумахуэ Мухьэмэд зэман-зэманкIэрэ а газетым къытрыригъэдзауэ щыта и тхыгъэхэр зы тхылъым щызэхуэтхьэсыжащ».
Тхылъым и япэ Iыхьэм ислъам диным дунейпсо щIэныгъэм хэлъхьэныгъэу хуищIам щыгъуазэ зытщIыну Iэмал къыдет. ЕтIуанэм - тхакIуэм къэрал зэмылIэужьыгъуэхэм щыщ щIэныгъэлIхэм я жыIэгъуэхэр къихьурэ, къыдгурегъаIуэ дунейм щытепщэ европей щIэныгъэр ипэжыпIэкIэ муслъымэн щIэныгъэлIхэм я фIыгъэкIэ зэрызэфIэувар, дунейр зэрызэхэлъым теухуауэ КъурIэн лъапIэм жиIэхэм щIэныгъэр зэрытеIэбэжар.
Математикэм, физикэм, астрономием, химием, медицинэм, географием, криптографием (дамыгъэрытхэм) муслъымэн щIэныгъэлIхэм хэлъхьэныгъэ щащIа къудейуэкъым IэщIагъэлIыр зэрытепсэлъыхьыр, атIэ пщIэ зиIэ тхакIуэхэм къызэранэкIа Iуэху еплъыкIэр утыку къищIурэ, ди фIэщ ещI «европей цивилизацэ» жыхуаIэр ипэжыпIэкIэ япэу хьэрыпыбзэкIэ зэрадзэкIа алыдж тхыгъэхэм кърахыжауэ зэрыщытым. «Муслъымэн къэхутэныгъэхэм, муслъымэн гупсысэкIэм, муслъымэнхэм я тхыгъэхэм нэгъэсауэ щыгъуазэ зыпщIа нэужьщ къыщыбгурыIуэр, - игу къегъэкIыж тхакIуэм Британием щыщ бзэ щIэныгъэлI Уотт Уонтгомери и псалъэхэр, - муслъымэнхэм нэмыщIамэ, европей щIэныгъэми философиеми заужьыну Iэмал зэрыщымыIар. Муслъымэнхэм алыджхэм я щIэныгъэм щыгъуазэ дащIа къудейкъым, - езыхэми ар зыгурагъаIуэри, хэлъхьэныгъэшхуэ хуащIу адэкIэ зрагъэужьащ».
Шумахуэм къехь «Хьэрып цивилизацэм и тхыдэ» лэжьыгъэр зи IэдакъэщIэкI Лебон Гюстав и тхылъым щыщ Iыхьэ. Гюстав шэч къытрихьэркъым жорзехьэхэм муслъымэнхэм драгъэкIуэкIа зауэхэм я фIыгъэкIэ Европэм зэрызиужьам: «Жорзехьэхэм я зекIуэхэм тепсэлъыхь тхыдэ Iыхьэм дегъэлъагъу чыристан диным ита Европэр щэныфIагъ и лъэныкъуэкIэ КъуэкIыпIэ муслъымэнхэм ялъэщIыхьэу зэрыщымытар. Дигу къэдвгъэгъэкIыж Тхьэр зи фIэщ хъу щIэныгъэлI Сент-Хилер КъурIэным теухуауэ жиIар: «Хьэрыпхэмрэ абыхэм ядэплъейхэмрэ епсалъэурэщ Курыт лIэщIыгъуэхэм щыпсэуа ди сеньорхэм я пхъашагъыр зэрызыханар, лIыгъэ зимымащIэ уэркъ щауэхэми цIыхум нэхъ хуэфащэ гурыщIэхэр, щабагъыр, щэн дахэхэр зэрызыхалъхьар. Щыуагъэщ чыристаныгъэм и закъуэ ахэр апхуэдэу цIыхуфI ищIауэ плъытэныр».
Тхылъым и япэ Iыхьэм Iэмал къыдет, псалъэм папщIэ, дэтхэнэ зыри зэсэжа математикэм щызекIуэ бжыгъэхэр хьэрып щIэныгъэлIхэм я жэрдэмкIэ къызэрежьар къэтщIэну. ХьэрыпыбзэкIэ «щIыфыр» (мыхьэнэкIэ - «нэщI», «ноль») псалъэр франджыбзэми урысыбзэми Iэпхъуэри «шифр», «цифра» псалъэхэр къэхъуащ. Европейхэм япэщIыкIэ урым бжыгъэ нагъыщэхэр къагъэщхьэпэу щытащ. Ахэр тыншу къафIэщыртэкъыми, инд нагъыщэхэр зыкъомрэ къагъэсэбэпащ, иужькIэ хьэрып бжыгъэ нагъыщэхэм техьахэщ. Африкэ Ищхъэрэм щыпсэу муслъымэнхэм я деж щыхьэщIа урым дунеяплъэ Фибоначчи Ленардэ япэ дыдэ 1202 гъэм хьэрып цифрэхэр утыку кърихьауэ щытащ.
Нэхъ щIэщыгъэу тхылъым ихуа Iыхьэу къэплъытэ хъунущ КъурIэн лъапIэм щIэныгъэм пщIэуэ хуищIыр зыхуэдизым тепсэлъыхь напэкIуэцIхэр.
«610 гъэм Алыхьым и нэфIыр зыщыхуа ЛIыкIуэ лъапIэм япэу ДжэбрэIил мелыIычыр уэхьийуэ къыхуэкIуэри, ипэрей Iэятхэр къыхуихьауэ щытащ. Япэ унафэу Тхьэм къыбгъэдэкIар «къеджэ» псалъэращ. А япэ Iэятитхум я мыхьэнэр мыпхуэдэ щIыкIэу пхузэдзэкIынущ: «Къеджэ! Уи Тхьэу цIыхур лъы пцIам къыхэзыщIыкIам и цIэкIэ! Къеджэ!» - етх щIэныгъэлIым.
Апхуэдэ дыдэу удехьэх «Мухьэммэд лIыкIуэ лъапIэм и суннэм щIэныгъэм щиIыгъ мыхьэнэр» пычыгъуэми. Абы къыщыхьа хьэдисхэм я зым дыкъыщоджэ: «Муслъымэну зыкъэзылъытэж дэтхэнэ зыми щIэныгъэ зэригъэгъуэтыныр и пщэрылъщ». «ЩIэныгъэ IуэхукIэ гъуэгу теувар и унэ къекIуэлIэжыху, Алыхьталэм и лъагъуэ тетщ».
Тхылъым и гуэдзэным тхакIуэм и гугъу щещI муслъымэн диным щыгъуазэу щыта урыс усакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэм. Дауи, абыхэм япэ итыр хьэрып лъабжьэ зиIэ, абы къикIыр - езыр урысми, зи адэжьхэр муслъымэну щыта Пушкин Александрщ. КъурIэным франджыбзэкIэ еджа урыс усакIуэм ауэ усэ итхыу емыжьэжу, сурэ щхьэхуэхэр зэрыщытыххэу урыс усэбзэм къригъэзэгъащ. Ахэр тыншу къыщыбоцIыхуж «КъурIэным зыпысщIыжу» жыхуиIэ усэ Iэрамэм.
Ауэ куэд щыгъуазэ къыщIэкIынкъым курыт еджапIэм щIэсхэр зрагъаджэ, усэкIэ тха «Евгений Онегин» романым хэмыхуа едзыгъуэ дахащэ КъурIэным теухуауэ Пушкиным и Iэрытххэм зэрыхэтым:
Гупсысэ щхьэпэ куэд КъурIэным итщ.
Мис, псалъэм папщIэ: гъуэлъыжыгъуэ хъуамэ,  
Нэмэзыр  щIы,  шейтIаным  гъуэгу  иумыт,
ФIэлIыкI Алыхьым,  делэм  уемыдауэ.1

А псомкIэ  жытIэну  дызыхуейр  Шумахуэ Мухьэмэд  и тхылъыр зыIэрыхьэр зэрыщIемыгъуэжынуращи, зэрызыIэщIэвмыгъэкIынум  фыхудогъэпIащIэ.  

 

1В коране много мыслей здравых,
Вот например: «Пред каждым сном
Молись; беги путей лукавых,
Чти Бога и не спорь с глупцом»

ЧЭРИМ Марианнэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу