Адыгэ театрыр зэрыгушхуэхэр

    ДыщэкI КIунэ, ТIыхъужь Алий, Сонэ Мухьэрбий… Ахэр УФ-м и цIыхубэ артистхэт, егъэлеиныгъэ лъэпкъ хэмылъу «цIыхубэм ейт». А цIэ-унэцIэхэм иджыри зыбжанэ къыпыпщэ хъунущ, Адыгэ лъэпкъ театрыр иригушхуэу, я гуащIэ хэмылъу а IуэхущIапIэр уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэу. ПщIэшхуэ зыхуэтщIын, щIэх-щIэхыурэ дигу къэдгъэкIыжын хуей а артист гъуэзэджэхэм я гугъу пщIыну тыншкъым. Сыту жыпIэмэ «фIыщ» жыпIэ къудейкIэ зэфIэкIыркъым, атIэми, псалъэр къомэщIэкI абыхэм ябгъэдэлъа зэчийр кърибгъэлъэгъуэну. ЯхузэфIэкIар уи нэгу къыщыщIэбгъэхьэфынур, я ехъулIэныгъэхэр къызэрыдгъэлъагъуэ псалъэхэм я куууагъыр щызыхэпщIэнур абыхэм я джэгукIэм зэ нэхъ мыхъуми укIэлъыплъыну къыпхуихуамэщ.
    Москва къыщызэрагъэпэщауэ щыта МХАТ-м зи насып къихьу щеджа актер гупым лъэкIыныгъэшхуэ яIэт. Адыгэ театрым и лъабжьэр зыгъэтIылъа нэхъыжь гупыр а еджапIэм актер IэщIагъэр щызэзыгъэгъуэтахэм текIуэн, пеуэн жыпIэу щытащ.
    Иджыпсту зэманыр гугъущ, нэгъуэщI зыгуэр хъуащ жаIэ, ауэ зызыхъуэжар цIыхухэрщ. КIунэ сымэ щылэжьа зэманми гуныкъуэгъуи гукъеуи щыIащ, ауэ а псори зыщагъэгъупщэурэ зэхуэгуапэт, зэхуэжумартт, фIыуэ зэрылъагъурт. КIэщIу жыпIэмэ, зэрыIыгът, зэкъуэтт.
    I935 гъэм къызэIуахауэ щыта колхоз-совхоз театрым лэжьапIэ увауэ щыта щIалэгъуалэм а зы IэнатIэращ я гъащIэ псор тыхь зыхуащIар - ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэрал драмэ театрырщ.
    НэхъыжьыфIхэм уалъэщIыхьэнутэкъым артист лэжьыгъэм нэхъыщхьэ дыдэу хэлъхэм ящыщ зымкIэ: абыхэм я псэлъэкIэр гъэхуат, пэшым щIэсхэм зы псалъэ къагурымыIуэу къыхэмыкIыу, дэтхэнэ зы псалъэри IупщIт.
    ИщхьэкIэ зэрыжытIащи, ДыщэкI КIунэ, ТIыхъужь Алий, Сонэ Мухьэрбий сымэ хуэдэ нэхъыжьыфIхэр лъэпкъым и цIыхухэм ящыгъупщэ хъунукъым. Абы щхьэкIэ артистхэм я джэгукIэм, я гъащIэм теухуа тхыгъэхэр диIапхъэщ. НэхъыфIыжт ахэр щыджэгуа спектаклхэр ди телевиденэм и гъэтIылъыгъэхэм хэлъу щытамэ е езы театрым хуэхъумамэ. Абы Iэмал къуитынут артистхэм я джэгукIар къытщIэхъуэ щIэблэм щапхъэ яхуэпщIыну. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъунщи, ахэр гъуэтыгъуей дыдэщ. Сэ ди Iыхьлы нэхъыжь зыбжанэ къызэлъэIуат адыгэ спектаклхэр зытет дискхэр, щыIэххэмэ, яIэрызгъэхьэну. АрщхьэкIэ ящэуи ятуи къысхуэгъуэтакъым.
    Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди артист щэджащэхэр гулъытэншэу къонэ. Артист пажэхэм я цIэхэр е уэрамым, е щеджа школым, е щэнхабзэ IуэхущIапIэ гуэрхэм фIащамэ фIыт. Ар куэдым я гуапэ хъунт.


 
    

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

       
    

 

 

 

 

 

 

 

 

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться: