«Пшы» - «Псы»

Ищхъэрэ-КъухьэпIэ Кавказым и псыежэххэм зэреджэ фIэщыгъэхэм яхэтщ «пшы» пычыгъуэр быдащэу зыхэухуэнахэри.  
«Псы ежэх» мыхьэнэ иIэу абхъазыбзэм къыхэна «пш» псэлъэпкъым хуэдэ нэхъапэхэм адыгэбзэми хэтауэ къэтлъытэмэ, мы ди тхыгъэр зэхьэлIа щIыпIэцIэм хуэкIуэу, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор КIуэкIуэ Джэмалдин «Черкесская топонимика» и тхылым къыщигъэлъэгъуа щапхъэхэр гъэщIэгъуэнщ. Абыхэм ящыщ зыбжанэ мыбдежым къыщытхьынщ.
«Пщыхьэ» - псыцIэщ. Мэзылъэ Iуащхьэхэр къызэринэкIыу тафэм къытехута Щхьэгуащэ ищхъэрэ-къухьэпIэмкIэ къыщыхэлъадэ псыхэм я нэхъ инщ. «Пшышъхьа» псалъэри абы къытехъукIащ, и мыхьэнэкIэ «псым и щхьэ» - жыхуиIэщ.
«Пшиш» («Пщыщ» - кIахэ, «Пшышэ» - къэбэрдей) - Псыжь сэмэгу лъэныкъуэмкIэ щыхэлъэдэж псыщ.
«Адыгэ IуэрыIуатэхэр» тхылъым, Налшык къалэ I968 гъэм къыщыдэкIам, ущрохьэлIэ «Пшышэжь» псалъэм, «Пшышэ и кIуапIэжь, ар зыдэту щыта ныджэжь» мыхьэнэхэр къызэрыкIым. Хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIи, къызытепщIыкIар ищхьэкIэ зи гугъу тщIа псыцIэращ.
«Пшыз» - кIахэ адыгэхэр Псыжь (Кубань) зэреджэр апхуэдэущ. ЖытIа псоми къадэкIуэу, мы фIэщыгъэм дызригъэгупсысаращ: «ярэби, абы и цIэр «псы изу зэрыт» жыхуиIэм къытемыпщIыкIауэ пIэрэ?» - жытIэри.
ГъэщIэгъуэнщ, абхъазхэм къагъэсэбэп «пшап» псалъэр адыгэхэм «псыпэ» зыхужытIэр зэрыарари. Уеблэмэ, къызэрыщыхутар уэ къащIэ, ауэ, «пша» псалъэпкъыр куржыхэм я бзэми хэтщ, «псы кIантIэ», «псынэ къибыргъукI» мыхьэнэхэм щыхуагъакIуэу.
 

 

КЪУМАХУЭ Аслъэн.
Поделиться: