КъэкIуэну щIэблэхэм къахуэщхьэпэн лэжьыгъэшхуэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр зэрызэфIэувэрэ зы илъэси иримыкъуу наIуэ къэхъуащ щIыналъэм щекIуэкI зэхъуэкIыныгъэ нэхъыщхьэхэр лъэпкъ  тхыдэм  къыхэнэн, ахэр къэкIуэну щIэблэхэм дэфтэр щхьэхуэхэу яхуэхъумэн зэрыхуейр. Абы и хэкIыпIэр  зыт – а дэфтэрхэм я хъумапIэ щыIэнырт. А мурадыр и гъуазэу, Къэбэрдей-Балъкър областной советым и гъэзэщIакIуэ комитетым и Президиумым I922 гъэм бадзэуэгъуэм и I-м унафэ ищIащ щIыпIэм архив IэнатIэ къыщызэгъэпэщыным теухуауэ. Абы и къалэн нэхъыщхьэр иджыри къэс зэхуэхьэса хъуа  дэфтэрхэри  хъумэнырт, а фондым адэкIи къыхэгъэхъуэнырт, цIыхухэр хуей хъумэ, абыхэм щыгъуазэ зыхуащIыну Iэмал етынырт.
Облисполкомым и нэIэм щIэтми, щIыналъэ архив бюрор зэпхауэ лажьэр  къэралым и Архив нэхъыщхьэмрэ абы и Кавказ Ищхъэрэ краевой къудамэмрэт. А IэнатIэхэм я IэщIагъэлIхэр хуабжьу сэбэп хъурт ди щIыпIэм архив къулыкъущIапIэр щызэтеувэнымкIэ. Партым и унафэм ипкъ иткIэ, гулъытэ хэха хуащIырт абы щIэлъ тхыдэ дэфтэрхэр зыхуей хуэзэу, зэхэхауэ хъумэным.  Япэ илъэсхэм архив бюром Хуитыныгъэм и паркым деж щыт музейм щыщ зы пэш  хухахауэ щытащ, иужькIэ абы зиужьащ иубыд щIыпIэм и инагъкIи, щахъумэ дэфтэрхэм я бжыгъэкIи.  Областым и  архивым къызэщIиубыдэн хуейт революцэм и пэ къихуэ илъэсхэм ятеухуа тхыгъэхэр. А зэманым ехьэлIауэ щыIэ дэфтэрхэр зэхуахьэсыжу  елэжьыжьа нэужь, хъумапIэм и фондым щIэлъ тхылъ зэмылIэужьыгъуэхэм я бжыгъэр мин I5-м нэсырт. Ахэр ятеухуат Къэбэрдей судым, Къэбэрдей шууей полкым, Кавказ линием и управленэ нэхъыщхьэм  я лэжьэкIэ-щыIэкIэм.
Архив лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу зэтеублэныр гугъуехь куэд зыпылъ къалэнт.    ХъумапIэхэр псыIэт, ахэр жьырэ нэхукIэ тэмэму ирикъуртэкъыми,  дэфтэрхэм ящыщ куэд хьэлэч хъурт, гъуатэрти.  Куэдрэ къэхъурт архивым и лэжьакIуэхэм гъэмахуэм дэфтэрхэр щIыбым къыщIахыурэ дыгъэ щрагъэу, щагъэгъущ. Абыхэм ящыщу мыхьэнэшхуэ зиIэхэр шкаф щхьэхуэхэм щахъумэрт, адрейхэр телъхьэпIэхэм трагъэзагъэрт, зэхэхауэ.
I925 гъэм екIуэкIауэ щытащ РСФСР-м и архив лэжьакIуэхэм я езанэ съездыр. Абы зэрыщыжаIамкIэ, КъБАО-м и архив IэнатIэр иджыри зэтеувэ къудейуэ арат. Пэжу, а илъэсымрэ къыкIэлъыкIуэ гъэмрэ къриубыдэу областым къыщызэIуахауэ щытащ щIыпIэ архив къудамэу 9. Апхуэдэхэт, псалъэм папщIэ, Балъкъэр, Бахъсэн, Къэзакъ, Налшык, Аруан къудамэхэр, нэгъуэщIхэри.   I927-I932 гъэхэм къриубыдэу щIыналъэ архивым  зыужьыныгъэфI игъуэтащ. ЩIыпIэ хъумапIэхэм кърахри окружной фондым  халъхьащ I9I7-I92I гъэхэр къызэщIэзыубыдэ дэфтэрхэр. Ахэр ятеухуат революцэ комитетхэр къуажэхэм зэрыщылэжьам, милицэ IэнатIэхэм щрагъэкIуэка Iуэхухэм, нэгъуэщIхэми. Иджы щIыналъэ архивым щахъумэрт къэрал мыхьэнэ зиIа Iуэху 36 I29-м ехьэлIа дэфтэрхэр.  
Ди щIыналъэм щызэфIах архив лэжьыгъэшхуэр къыщалъытауэ щытащ I929 гъэм екIуэкIа  я съездым. Мыгувэу къащтауэ щытащ «Краевой (областной) архив къудамэхэм ятеухуауэ» унафэр. Абы ипкъ иткIэ лэжьыгъэр нэхъ тэмэму, къызыхуэтыншэу зэтегъэува хъуащ:  хъумапIэхэм щIэлъ дэфтэрхэр щIэрыщIэу щIапщытыкIыжащ, архив лэжьакIуэхэм я бжыгъэми хагъэхъуащ. Парт, совет къулыкъущIапIэхэм щызекIуэ дэфтэрхэр хъумэным гулъытэшхуэ зэрыхуащIым къыхэкIыу, ахэр архивхэм щызэхуэхьэсыныр нэхъ тынш хъуащ.
Жэпуэгъуэ революцэ иным и юбилейхэм, щIыналъэм и махуэшхуэхэм ирихьэлIэу архивым и лэжьакIуэхэм ягъэхьэзырырт гъэлъэгъуэныгъуэ хьэлэмэтхэр. Махуэ къэс жыхуаIэм хуэдэу зызыужь цIыхубэ хозяйствэм и блэкIар къызыхэщыж дэфтэрхэр, сурэтхэр куэдым гъэщIэгъуэн ящыхъурт.    
I94I гъэм нэмыцэ зэрыпхъуакIуэхэр ди къэралым къытеуа нэужь, СССР-м и къэрал архив фондыр бийм щахъумэн папщIэ,  ар Таджик ССР-м ягъэIэпхъуэну унафэ ящIауэ щытащ. Архивхэм щызэхуэса дэфтэр псори ирашыну Iэмал зэрыщымыIэм къыхэкIкIэ,   япэ ирашын хуейт  къэралым и экономикэ щытыкIэмрэ дзэ лъэщагъымрэ къэзыгъэлъагъуэхэр, апхуэдэу Iуэхугъуэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ бийм гъуэгугъэлъагъуэ хуэхъуфыну тхылъхэр. Адрей дэфтэрхэм ящыщу щIэныгъэ е практикэ и лъэныкъуэкIэ лъапIэныгъэшхуэ зыбгъэдэмылъхэр ягъэсыпхъэт. Совет Правительствэм и апхуэдэ унафэр игъэзащIэу, Къэбэрдей-Балъкъэрым и архив лэжьакIуэхэм хамэ щIыпIэм ягъэIэпхъуэн хуейуэ ягъэхьэзырат дэфтэр мин I4-м нэс. Ди жагъуэ зэрыхъущи, а псори ирашыну хунэмысу, бийр ди щIыналъэм къихьащ икIи хъумапIэм къыщIэна библиотекэ фондри нэгъуэщI дэфтэр куэди Iисраф ищIащ. Апхуэдэу щIыналъэ архивхэри  зэтрагъэсхьауэ щытащ нэмыцэхэм. Къэнар Прималкинскэ хъумапIэм щIэлъа дэфтэрхэм я закъуэт – бийр къэмыс щIыкIэ абы и лэжьакIуэхэр хунэсат дэфтэр псори щIым щIатIэну.
Ди республикэр хуит къащIыжа нэужь, архивым и лэжьакIуэхэр яужь ихьэжащ я Iуэхур зэрызэтраублэжыным. Абыхэм зыIэрагъэхьэжащ нэгъуэщI щIыпIэхэм яшауэ щыта дэфтэрхэр, къэнахэри зэхуахьэсыжащ.
I959 гъэм Налшык щаухуащ Кавказ Ищхъэрэм    щыяпэ архив унэшхуэр. Абы хэтт лабораторэ щхьэхуэхэр, дэфтэрхэм узэрелэжь хъуну оборудованэ зэмылIэужьыгъуэхэр. Апхуэдэ зэхъуэкIыныгъэхэм я фIыгъэкIэ, архив лэжьакIуэхэм я Iуэхур нэхъыфIу къызэгъэпэща, нэхъ дэкI хъуащ. Абыхэм ирагъэкIуэкI конференцхэр, семинархэр хуабжьу сэбэп хъурт я лэжьыгъэр ефIэкIуэнымкIи. Къэбэрдей-Балъкъэрым и архив IэщIагъэлIхэр нэгъуэщI щIыналъэ архивхэми СССР-м и Къэрал архив фондми я лэжьыгъэкIэ  пыщIауэ зэрыщытым  къыхэкIыу, I960-I980 гъэхэм ди республикэм и хъумапIэм щIэлъхэм къахэхъуащ ди щIыпIэм теухуауэ абыхэм щахъумэ дэфтэрхэм я копиехэр. Апхуэдэ зэдэлэжьэкIэм щIыналъэ архивхэр нэхъ къулей ищIащ.
ЛIэщIыгъуэ блэкIам и 90 гъэхэм ди къэралым щекIуэкIа зэхъуэкIыныгъэхэм архивым и лэжьыгъэм щIэ куэд къыхалъхьащ. Абы щIэлъ дэфтэрхэу нэхъапэм  «къэрал щэху» мыхъурыр зытегъэуауэ   щытахэм ящыщ куэд цIыхухэм яхузэIуха хъуащ, дэфтэрхэр  хъумапIэм Iэрыхьэн икIи щыхъумэн и лъэныкъуэкIи щыIа Iэмалхэми къахэхъуащ.
Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и архив къулыкъущIапIэр иджырей зэманым щытщ  щIыпIэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ IэнатIэу. Архив лэжьыгъэм абы и политикэр хипщэу, абы Iуэхушхуэхэр зэфIех щIыналъэм и дэфтэрхэу къэрал мыхьэнэ зиIэхэр хъумэным, абы ехьэлIа хабзэ-хуитыныгъэ тхылъхэр гъэхьэзырыным, архивым и щIэныгъэ-справочнэ IэнатIэр къызэIухыным икIи абы и лэжьыгъэр егъэфIэкIуэным, хъумапIэм щIэлъ дэфтэрхэр щызэхуэхьэса тхылъхэр къыдэгъэкIыным,   гъэлъэгъуэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр къызэгъэпэщыным, нэгъуэщI унэтIыныгъэхэми ехьэлIауэ.
Апхуэдиз лэжьыгъэр къызыхуэтыншэу дэгъэкIыным ноби я гуащIэшхуэ ирахьэлIэ   КъБР-м и архив къулыкъущIапIэм и унафэщI  Щоджэн Шахьимрэ ар зи пашэ гупымрэ. Ди щIыналъэм, абы и цIыхухэм къулыкъу пэж яхуэщIэн – аращ ди IэнатIэм и къалэн нэхъыщхьэр. КъБР-м и Къэралыгъуэр илъэсиI00 щрикъу зэманыр иджыри зэ щыхьэт тохъуэ архивым и лэжьакIуэхэм зэфIах лэжьыгъэр, республикэм и тхыдэр хъумэныр  лъэпкъым, къэкIуэну щIэблэхэм къахуэщхьэпэн, мыхьэнэшхуэ зиIэ къэрал Iуэхуу зэрыщытым.  
   

 

КЪАРДЭН Маритэ.
Поделиться: