Гъуэныбэр чемпионщ, ЗакIуийм дыжьыныр и Iэрылъхьэщ

Тэтэрстаным и къалащхьэ Къэзан щекIуэкIащ Къэрал Щхьэхуитхэм я Зэгухьэныгъэм (СНГ) хэтхэм спорт бэнэкIэмкIэ я I лъэпкъхэм зэдай джэгухэр. Абы къыщыхэжаныкIащ ди лъахэгъухэу Гъуэныбэ Ауесрэ ЗакIуий Азэмэтрэ.
Япэу утыку къихьащ алыдж-урым бэнакIуэхэр. Килограмм 82-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм зыри къыщыпэлъэщакъым Гъуэныбэ Ауес. И хьэрхуэрэгъу псори хигъащIэри, ар финалым нэсащ. Абыи къыщыпэувам зы очкои Iэригъэхьакъым адыгэ щаIлэм икIи хуэфащэ дыдэу дыщэ медалымрэ чемпионыгъымрэ зыIэригъэхьащ.
Ардыдэр къыхъулIэным зы мащIэ дыдэщ иIэжар ЗакIуий Азэмэти. БэнэкIэ хуитымкIэ килограмм 92-м нэс зи хьэлъагъхэм я зэпеуэм ари лъэ быдэкIэ финалым хуэкIуащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, Азербайджаным къикIа Нурмагомедов Осман абы зы баллкIэ къефIэкIащ.   

 

 

 

Къаудыгъу Заур.
Поделиться:

Читать также: