Кавказым къеблагъэ

«Кавказым къелагъэ» фондым иубзыхуащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм и зыплъыхьыпIэхэр зэребгъэфIэкIуэнум и Iэмал.

ТхылъымпIэхэм щызэпкърыхащ зыплъыхьакIуэхэр нэхъыбэу зэкIуалIэ щIыпIэхэмрэ ахэр зэрызекIуэ гъуэгухэмрэ удахьэхыу зэгъэпэща хъун щхьэкIэ лэжьыпхъэхэр. Абыхэм хохьэ унэхэм я ухуэныгъэхэм зэдайуэ хэлъын хуейхэр къэзыгъэлъагъуэ дизайн-кодхэр, уздэкIуэнур къэзыгъэлъагъуэ Iэмалхэм, унэ щIыбхэм я зехьэкIэм, хъыбарегъащIэ сурэтышхуэхэм, махуэшхуэ гъэдэхэкIэхэм ухэзыгъэгъуазэхэр. Апхуэдэуи гъэщIэгъуэнщ ухуэныгъэщIэхэр екIуу щIа, абыхэм бгъэдыхьэ-бгъэдэкI маршрутхэр убзыхуа зэрыхъуну щIыкIэхэр.

«Кавказ и дахагъэм зи мылъку хэзылъхьэну хьэзырхэм папщIэ дэ къызэдгъэпэщащ консрукторым ещхь план-лэжьыгъэ. Дизайным и пкъыгъуэ щхьэхуэу абы къыщыхьахэр тыншу зыр зым хубогъэкIуэф, щIа хьэзыру щыIэхэм, хуей хъумэ, псынщIэ дыдэу зы жыпхъэм и теплъэ пхуетынущ, - жеIэ «Кавказым къеблагъэ» фондым и унафэщI Хлопов Алексей. Зэман гъунэгъум фондым и мурадщ туризмэм щылажьэ хьэрычэтыщIэхэмрэ цIыху щхьэхуэхэмрэ зыхэт зэхьэзэхуэ иригъэкIуэкIыну. Абы щытекIуэхэм хухахынущ я Iуэхум трагъэкIуэдэну мылъку. И щхьэкIэ зи гугъу тщIа Iэмалхэр къэзыгъэсэбэпу ухуэныгъэщIэ зыщIыну къэзыгъэлъагъуэхэр апхуэдэ дэIэпыкъуныгъэм нэхъыбэу щыгугъ хъунущ.

Ухуэныгъэм щыщIидзэкIэ дэфтэрхэм хэлъ Iуэхугъуэхэр къигъэсэбэпын хуейщ, ауэ и щIыбыр щызэрихьэкIэ езым зэрыфIэфIым хуэдэу ищIыну хуитщ. Адрейхэм къащхьэщыкIыу, къахэщхьэхукIыу пщIыну ухуеймэ, тхылъымпIэхэм щыубзыхуа бгъэдыхьэкIэр абыкIэ сэбэп хъунущ. УпщIэу къэуву хъуам и жэуап щыбгъуэтынущ тхыгъэу ягъэхьэзыра лэжьыгъэм, дизайным къыщыщIэдзауэ пщIантIэм дэтыну тетIысхьэпIэхэм я теплъэм деж щиухыжу. Апхуэдэуи абы хэлъ дизайн-проект хьэзыру 150-рэ. Щапхъэу къыщыхьащ щIыпIэ цIэрыIуэхэр, Дагъыстэным и Избербаш къалэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Шэджэм аузым (Тихтенген къалэ) и турбазэмрэ Балкарие Ипщэм щыIэ ухуэныгъэ цIэрыIуэмрэ, Осетие Ищхъэрэм щыIэ ЛIахэм я къалэр, Къэрэшей-Шэрджэсым и Таулу хуеймрэ Марэ зыгъэпсэхупIэмрэ, нэгъуэщIхэри къызэрыбгъуэтыфынур.

Дуней псом щызэдай мардэхэм тету ухуэныгъэр щIыным игъэпсынщIэнущ Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэр европей зыгъэпсэхупIэхэм ещхь щIынымрэ турист нэхъыбэ абы къешэлIэнымрэ. Зэман кIэщIым къриубыдэу теплъэр зыхуей хуэбгъэзэфынущ ди щIыналъэм щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэри Iуэхум къыхэлъытауэ.

Кавказ щIыналъэ егъэфIэкIуэным хуэгъэпса мы Iуэхум ехьэлIа псори фондым и сайтым къыщывгъуэтынущ. ЗыгъэпсэхупIэ ухуэныгъэ зыщIыну хуей псоми къагъэсэбэп хъунущ ахэр.

 P.S. «Кавказым къеблагъэ»псапащIэ фондыр 2013 гъэм къызэIуахащ. Абы и лэжьыгъэр зыхуэунэтIар - Кавказ Ищхъэрэм туризмэм зыщегъэужьын, щэнхабзэ, егъэджэныгъэ, щIэныгъэ-къэхутэныгъэ, псапащIэ Iуэхухэм зыщIэгъэкъуэнымрэ ахэр гъэкIуэтэнымрэ.

 

 

 

 

ИСТЭПАН Залинэ.
Поделиться:

Читать также:

19.04.2024 - 16:42 ГъэпцIакIуэр яубыдащ
19.04.2024 - 16:40 Налог щIыхуэшхуэ
19.04.2024 - 16:36 Зыкъамыту хэкIуэдащ
19.04.2024 - 16:26 Щыуагъэм щахъумэу