ЩIДАА-м и академикым и фIыщIэ

МГОУ-м Стратегиемрэ аналитикэмкIэ и центрым и унафэщI, тхыдэ щIэныгъэхэм я доктор, профессор, Урысейм и Журналистхэм я зэгухьэныгъэм хэт Ершов Виталий иджыблагъэ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием ­хагъэхьащ. Ар и гуапэ зэрыхъуам къыхэкIыу, Ершовым фIыщIэ тхыгъэ хуигъэхьащ ЩIДАА-м и Президент, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым сенатору щыIэ, экономикэ щIэныгъэхэм я доктор Къанокъуэ Арсен:
«ПщIэ зыхуэсщI Къанокъуэ Арсен! ЩIэныгъэхэмкIэ Дуней­псо Адыгэ Академием и лэжьакIуэхэ! Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIэныгъэлIхэ! 
ЩIДАА-м и академикыу сызэрыхахар сэркIэ пщIэшхуэщ. А цIэ лъапIэр щIыхь пылъу зесхьэну, Урысеймрэ абы и щIыпIэ нэхъ дахэ дыдэ, сэри си лIакъуэр къыщежьа, Кавказ Ищхъэрэмрэ я тхыдэ щIэныгъэр джыным, адыгэм и тхыдэр, щэнхабзэр, лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэхэр егъэфIэкIуэным, ­хъумэным, ЩIДАА-мрэ Москва и Гуманитар еджапIэ нэхъыщхьэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм нэхъри зегъэубгъуным теухуауэ си гуащIэ къихьыр злэжьынущ. 
ЩIДАА-м щIэныгъэ дунейм щиIэ Iулыджыр ди хэкуми ­дуней псоми къыщалъытэ: абы Урысейми хамэ къэралхэми я щIэныгъэлI цIэрыIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, гъуазджэм, литературэм елэжьхэр зэрегъэубыд. Академиер лъэпкъым и курыхщ, хэкур щIэныгъэ утыкум пщIэ иIэу ирешэ, иджырей дунейпсо щIэныгъэ, щэнхабзэ утыкухэм щыжыджэрщ.
ПщIэ зыхуэсщI Къанокъуэ Арсен! ЩIДАА-р уи нэIэ щIэту зыужьыныгъэщIэхэм хуопабгъэ: академием и Iуэху къызэгъэпэщыкIэхэр йофIакIуэ, щIэныгъэлI ныбжьыщIэхэм дэIэпыкъуныгъэ ягъуэт, щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэр утыку ирахьэ, щIэныгъэ литературэхэр къыдокI. 
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, ЩIДАА-м и вице-президент ХьэфIыцIэ Мухьэмэд мы гъэм къыдигъэкIа «Адыги: один из древнейших народов мира. Черкесская иллюстрированная энциклопедия-хрестоматия», «Черкесская диаспора. Панорама культурной жизни» тхылъхэм я хъыбарыр Москваи щыIуащ. Си гуапэщ дяпэкIэ академием къыдигъэкIыну тхылъыщIэхэм, щIэныгъэ-къэхутэныгъэхэм, щIэнгъуазэхэм си гуащIэрэ щIэныгъэрэ хэслъхьэну.
ПщIэ пхуэсщIу творческэ ехъулIэныгъэхэр уиIэну, щIэныгъэ лъагапIэхэм утетыну сыпхуохъуахъуэ», - щыжеIэ Ершов Виталий Къанокъуэм хуигъэхьа фIыщIэ тхылъым. 

Зыгъэхьэзырар Гугъуэт Заремэщ.
Поделиться: