Пхъум и гукъэкIыжхэр

 Адыгэ дунейм фIыуэ щацIыху къудей мыхъуу, фIыуэ щалъагъу IуэрыIуатэджхэм  яз  Аулъэ Сариет  теухуа гукъэкIыж тхылъым щыщщ («Аулъэ Сариет.  Лэжьыгъэ къыхэхахэр») нобэ  фи пащхьэ къитхьэ,  ипхъу  Жолнач (Аулъэ) ФатIимэ и гукъэкIыжхэр.

1972 гъэм  гъэм  ди   анэр  ди   гъусэу  Ленинград  дыкIуат.  Мамэ  сымаджэти,  сэри  сримыгъусэу хъунутэкъым,  щIэныгъэ конференц гуэрым къыщыпсэлъэн  хуейти.  Сэ  мафIэгу щхьэгъубжэм  сыкъыдэплъу  сыщытт, мамэ и  тхыгъэм  елэжьыжырт. ЗэрымыщIэкIэ  гъуэгурыкIуэ гуэр къызбгъэдохьэри  къызоупщI: «Мор  уи  анэу ара?» «НтIэ, сыт ар?» - жызоIэ. «Сыту  бзылъхугъэ лъагъугъуафIэ дыдэ!» Украин  усакIуэ Рыльский  Максим   емышу   «Кавказым  и   гъэр   сыфщIащ!» - къыжриIэрт ди анэм.  
И  гуапагъэмрэ   и    щабагъымрэ    нэхъ   дахэж  щIэхъукIырт  мамэ. Абы и псэлъафэт:  «ЦIыху гъэсар факъырэми  пащтыхьми  зэхуэдэу  яхущытщ». Сэри си нэгу къысхущIэгъэхьэжыркъым  абы и  макъым зригъэIэтауэ, зыгуэрым  фIэнауэ  е  нэщIыбагъкIэ  хуэпсэлъауэ.
Сабийм  ещхьу гу къабзэт икIи  жыIэзыфIэщт ди анэр. IэфI гуэр иупщэфIынти  жиIэнт: «Сыту  щыуэрэ   нобэ   дэ   ди   деж  къэмыкIуэр». Унэм  къыщIыхьэу   хъуар  игъашхэрт.  Ди  ныбжьэгъухэр  щигъэIэну  и жагъуэтэкъым зэи, ди  благъэхэм я  гугъу умыщIи. Донецк щыщ  си  курсэгъу  П. Любэ  и  благъэ дыдэхэм  щагъэIэн  ямыдэу зэгуэрым щIыбым  къыданати,  и  адэ-анэр  къэсыху  ди    деж   щыпсэуну   къишауэ   щытащ.  
И  гъащIэр  щIэныгъэмрэ  еджэнымрэ   хуэпабгъэ   зэпыту  ирихьэкIащ.  И  адэр   ягъэкIуэду   Мэзкуу  къикIыжын  хуей  щыхъум, ар илъэсищкIэ хамэ къэралыбзэхэр  щрагъэдж  курсхэм  щIэтIысхьэри, иужькIэ Мейкъуапэ дэт I9-нэ еджапIэм инджылызыбзэр  щригъэджауэ щытащ, сэри сригъэджэну къысхуихуащ. Сэ  къысхуэткIийт. СощIэж  сысымаджэу дерс  зыбжанэ  дэзгъэхуауэ  зэрыщытар.  СыщыдэкIыжа  махуэм  мамэ  къызэупщIыну  си  цIэр   къреIуэ.  Сэ, дауи,  сыхьэзыркъым.   «ТIу» схуегъэув.  Зэрыклассу  къысщхьэщыжырт: «Ар сымэджащ, хуумыгъэув «тIу»!»  Ауэ  мамэ яхуикIуэтакъым.  Езыр  псори нэгъэсыпауэ фIэкIа зымыщIэф  цIыхут, дэни «щыотличницэт». Абы ищIэр  мащIэт?   ЦIыхуих  хъу  унагъуэр, абы  щыщу  щыр  сабийуэ,   зэрихьэн хуейт. А псори  хьэку щагъэплъ пэш  цIыкIунитIитIым. ИужькIэ и Iуэхум  институтым зэрыщеджэр  къыхэхъуэжат. Зэгуэр  мамэ  сыбгъурыту уэрамым срикIуэрт. Илъэсих   хуэдизт  сызэрыхъур. И зы Iэм  си Iэр IэщIэлът, адреймкIэ тхылъхэр  зэрыль  портфелымрэ  ерыскъы   зэрылъ  хъуржынымрэ  иIыгът.  Дауэт абы а  псор  къызэрехъулIэр? Е  тхьэусыхэнтэкъым, е ди адэм хуэшхыдэнтэкъым, и гукъыдэж  къудей  ехуэхауэ зыкъыдигъэлъагъуртэкъым. Сыт  щыгъуи  екIуу  хуэпауэ,  гуапэу  апхуэдэт. Лэжьыгъэм жэуаплыныгъэ хуиIэт. Жэщым щыгъуэлъыжкIэ щхьэнтэ лъабжьэм   къалэмрэ   зэрытхыхь   тхылъ   цIыкIурэ   щIилъхьэрт.
Мамэ  и Iэпэм  дыщэ  къыпыщырт,  фIы  дыдэу  дэрт. Унагъуэ   псом  щытIтIагъэр   зыдыр    арат:   хъыджэбз   цIыкIуищ,  ди    анэшхуэр,  езыр,   и  пхъурылъхур. СощIэж модэм теухуа журналым еплъурэ еджапIэм сызэрыкIуэн кIэпхын  схуидауэ зэрыщытар, апхуэдэ  дыдэу кIэхэм щегъэжьауэ бэлътом  нэс. Ету щIыжын, гъущIIунэ  хэукIэн  хуэдэ Iуэхухэри  зыми  емылъэIуу  езым  ищIэжырт. Зэи   зыми  елъэIуртэкъым, и щхьэм   щыгугъыж   зэпытт.
Ахъшэ  зэрыримыкъум  хуэбэшэчт. Мылъку  лей  зрилъэфэн  и жагъуэт. «Сэ  тхылъ  фIэкIа  мылъку  сиIэкъым», - жиIэрт. Япэ дыдэ си деж хьэщIапIэ накIуэу  тхылъ  зэрызимыIэр  щилъэгъуам  и  жагъуэ хъуат: «Дэнэ  мы  хьэпшып   зэхуэхьэсын   хьэлыр  къыздипхар?  Сыт  мы  хьэкъущыкъу  гъэлъэгъуэныгъэри   зищIысыр?»
ИтIанэ нэгъуэщI гъащIэм щIидзащ. Мамэ гугъуехьыщIэхэр къыпэщылът: гукъэкIышхуэ зиIэ цIыху Iущу, псом нэхърэ  нэхъыщхьэращи – цIыхушхуэу, цIыху зэчиифIэу щыта  ипхъу Мирэ  дунейм ехыжат.  Егъэлеяуэ  и къарум  щыгугъыж  цIыху пэжт Мирэ, захуагъэм и телъхьэ  псэемыблэжт.  Си  гугъэмкIэ, абы и дуней  еплъыкIэр  зэфIэувэным псом нэхърэ  нэхъыбэ   хэзылъхьар  ди  анэращ.
И ныбжь  хэкIуэта нэужь, ди  анэм  зэрыхъукIэ  зыри езмыгъэщIэну сыхэтт. А зэм  фIэкIа сщIэжкъым ар Iэнэм теуIуэу шхыдауэ: «Сэ  Iуэхуншэу  сыщысу   сесакъым».  Си   анэ   дыщэм    ди   Iуэху зэрихуэ зэпыту  есати,    ар   къару  хуэхъурт.  Иджыпсту  ар   сыту зыхэсщIыкIрэ. Сыпхуэарэзыщ, си  псэм   хуэдэ,  сызэплъэкIыжу  сызыдэплъеин  зэрызиIэм щхьэкIэ… Си   гъащIэм   ухэтащ,  сыт  щыгъуи  ухэтынущ.

 

Зыгъэхьэзырар Чэрим Марианнэщ.
Поделиться: