Жьым тесу псым йопыдж

 Украинэ
 
Украинэм дуней  псом къыщыхуащI пщIэр ехуэх зэпытщ. ИкIи ар апхуэдизукIэ нэрылъагъущи, къэхутэныгъэ гуэри егъэкIуэкIын хуейкъым. Щапхъэхэр куэдыкIейщ. Псалъэм  папщIэ, «Кърым форумыр». Мыбдеж Киев щимурадащ Евросоюзым и къэралхэмрэ США-мрэ я Iэтащхьэхэр зэхуишэсу Кърымыр «Украинэм къыгуэпх мыхъуну и щIыналъэу» зэрыщытыр къаригъэIуэтэну икIи ар абы иратыжыну къэгъэув дэфтэр къащыригъэщтэну.Дауи, къехъулIакъым: лIыщхьэу кIуар Венгрием и президентым и закъуэщ, абыи зэрихуэр нэгъуэщI Iуэхут-мыбы щыпсэу мэжэрхэм я бзэр зэрыпаубыдыр жиIэн къудеуэ арат.
Ари зыгуэрщ, ауэ «дунейпсо мыхьэнэ зиIэ къэхъугъэми»-Украинэм и президент Зеленский Владимир къэрал Iуэху и пщэ дэлъу Вашингтон  зэрыкIуами къыхэбгъэщын хуэдэу зы мыхьэни иIакъым - абырэ Байден Джорэ я зэIущIэр псалъэ тэрэфарэхэмкIэ зэфIэкIащ. Имычэзу дыдэу  хуэзати, -США-м и дзэхэр уащхъуэдэмыщхъуэу Афганистаным къызэрырашыжам къикIа къаугъэшхуэмрэ Хы Iуфэм Iус штатхэм жьапщэмрэ псыдзэмрэ къазэрыщIэуам къиша къулейсыгъэмрэ псори щIахъумати, хэбгъэзыхьмэ, жылагъуэм Зеленскэм гу къылъимытэхауэ жыпIэ хъунущ.  Пэжщ, унэ хужьым доллар мелуан 60 къыритащ лъэIуакIуэр IэнэщI дыдэу къимыутIыпщыжын щхьэкIэ.  Ауэ  а ахъшэр ауэ гъунэгъууи ирикъунукъым Украинэм и дзэр Iэщэ лIэужьыгъуэщIэхэмкIэ иризэщIиузэдэным.
 Ауэ языныкъуэхэм деж укъыдехыж  уазэрыщымыту закъыщебгъэхъуным. Зеленскэм Iэзэу къегъэсэбэп и артистыгъэр. Ар жыджэрщ, псоми лъоIэс, зэрыжаIэщи, жьым тету псым йопыдж. «Кърым форумым» сериджа хьэщIэшхуэхэр зэремыбылэгъамкIэ абы, дауи, игъэкъуэншащ Урысейр: «Ахэр къэкIуэнут, ауэ фIолIыкI Урысейм, абы и фэжагъуэ къахьыным щошынэ». ИтIани, къулыкъущIэ къызэрыгукIхэм фIэкIа (псалъэм и хьэтыркIэ, США-м  къигъэкIуар энергетикэмкIэ министрырщ) зыхэмыта зэIущIэр «политикэ мыхьэнэ ин дыдэ зиIэ Iуэхуу» жиIащ и артистыгъэр къигъэсэбэпри, уеблэмэ, и нэхэм нэпсхэр къыщIигъэткIуащ. АрщхьэкIэ, икIэм икIэжым псори зыхуэкIуэжар «Зи щхьэ мыузым уи щхьэуз хуумыIуатэ» псалъэжьырщ: хы тIыгум иращIэкIэ псалъэмакъхэр яужэгъуащ, атIэми, я щхьэр ипэжыпIэкIэ зыгъэузын Iуэхухэр Европэм къылъыкъуэкIащ.
Вашингтон щыкIуам и мурадат Украинэр НАТО-м хагъэхьэну Байден быдэу хуигъэувыну. АрщхьэкIэ мыдрейм уеблэмэ, къигъэгугъэхакъым, атIэ абы и пIэкIэ чэнджэщ къыритащ и къэралым и мылъкум зэхэзыдыгъуэхэм, Iулъхьэ къеIызыххэм, нэхъ  ткIийуэ япэщIэтыну. Ар КВН-м щыджэгуу щытам хузэфIэмыкIынщ: езым властыр къезытар мылъкухэр зыгъэкIуэщI олигарххэрщ.  Сыт яхуещIэнур7
 «Ищхъэрэ къудамэ-2» газ кIуапIэ бжьамийм тIури зэреплъыр зэтехуащ, ауэ ар и кIэм нэсакIэщ-фокIадэм и I0-м бжьамийр яукъуэдииныр зэфIагъэкIащ, иджы гъэсыныпхъэ щIыхур ираутIыпщхьэным хуагъэхьэзыр. Украинэр пыкIынущ Европэм ищэху газыр езым и щIыналъэм зэрыкIуэцIырыкIым пэкIуэу къыIэрыхьэу щыта ахъшэшхуэм, афIэкIаи абы щыщу езым зы кубометр идыгъужыфынукъым. Мис аращ и щхьэпсыншагъэ политикэм зыхуишар. Ауэ  къемыхъулIэ псомкIи зэресэжауэ,  дауи, Урысейр егъэкъуаншэ.
Зеленскэм  Iуэхухэр фIыуэ, Украинэр къэрал лъэрызехьэу, уеблэмэ, нэъ лъэщхэм яхэту, къыщIыригъэдзын папщIэ сыт хуэдэ Iэмалри къегъэсэбэп. Псалъэм и хьэтыркIэ, ар иужь ихьащ… Мазэр къэгъэIурыщIэным теухуа программэм. Абы и лъэныкъуэкIи закъыкIэригъэхунукъым Америкэм и Штат Зэгуэтхэми, Урысейми, Китайми.  Аращ Калифорнием хьэршым ехьэлIа лэжьыгъэхэмкIэ IэнатIэм и лэжьакIуэхэм щIыхуэзари. Ари США-м къыщехъулIахэм хебжэ. Ягъэ кIынукъым ягъэлъэтэни, къэхутэныгъэхэр зэрырагъэкIуэкIыни, ар псори къызэрызэрагъэпэщын мылъкуи зэрамыIэр. Мыбдеж дигу къыщокIыж украин фащэ зыщагъэтIэгъэжа Гоголь  Николай и «Ревизорым» и лIыхъужь нэхъщхьэ Хлестаков. Ар и жып иIэбэртэкъым пцIы иупсын щхьэкIэ. Зеленскэм хуокIуэ абы и ролыр.
 Ар тхьэгупымагъуэуи къыщIокI. Урысеймрэ Белоруссиемрэ я Союзым СССР-м хэта къэралхэр зэщIишэну жеIэ. Абы япэу хыхьэнущ Къыргъызыр, Таджикистаныр, Узбекистаныр, Армениер, Латвиер.  ИужькIэ арэзы утемыхъуэнкIэ Iэмал зимыIэ гуэрхэр къыхуагъэлъэгъуэнурэ, хагъэхьэнущ Украинэмрэ Молдавиемрэ.  Мис аращ.
СлIожь, апхуэдэ къэхъункIэ зэхуэIуа щыIэкъым. Ауэ абы щыгъуэм зыри хуеижынукъым езым хуэдэ джэгуакIуэхэм.
… Украинэм аргуэру щыжаIащ унагъуэ Iуэхутхьэбзэхэм я уасэхэр зэрыдрагъэкIуейр.

                         

 

Поделиться: