Хэхыныгъэхэм тепсэлъыхьащ

Къармэхьэблэ ЩэнхабзэмкIэ унэм иджыблагъэ зэIущIэ щызэхэтащ. Абы щытепсэлъыхьащ  Урысей Федерацэм щекIуэкIыну хэхыныгъэхэм, къуажэдэсхэм вацинэ зэрызыхрагъэIу щIыкIэхэм. Къуажэдэсхэм яIущIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэм и щIыпIэ администрацэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Бей Ауесрэ къуажэ администрацэм и унафэщI КIуэкIуэ Ахьмэдрэ. Iуэхум хэтащ нэхъыжьхэр, депутатхэр, хьэрычэтыщIэхэр, егъэджакIуэхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр.  
Пандемием пэщIэтынымкIэ Iэмалхэм къыщытеувыIэм, зэIущIэм хэтхэм зэдэарэзыуэ къыхагъэщащ абы зыщыпхъумэнымкIэ хэкIыпIэ нэхъыщхьэр вакцинэ зыхебгъэлъхьэныр зэрыарар.
Тепсэлъыхьащ хэхыныгъэ къэблагъэм къуажэдэсхэр зэрыхэтыну щIыкIэхэм, здекIуэлIэну IуэхущIапIэхэм, ар хабзэм тету къызэрызэрагъэпэщыну Iэмалхэм. Iуэхум кърихьэлIахэр зыщIэупщIахэм жэуап ягъуэтащ.

 

ГУГЪУЭТ Заремэ.
Поделиться: