КъБР-м Iэ зэрыщаIэтым зэрыкIэлъыплъынум хуагъэхьэзыращ

Хэхыныгъэхэр республикэм зэрыщекIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ жылагъуэ штабыр КъБР-м и Жылагъуэ палатэрщ. А кIэлъыплъыныгъэр зыхуэунэтIар хэхыныгъэхэр зэIухауэ егъэкIуэкIынырщ.
ФокIадэм и 17-м, 18-м, 19-м хэхыпIэ участкэхэм Iэ зэрыщаIэтыр а штабым зэпымыууэ щагъэлъэгъуэнущ икIи жылагъуэ штабым хэтхэм дэтхэнэ участкэм щекIуэкIри я нэкIэ ялъагъунущ. Центрым участкэ, щIыналъэ хэхакIуэ комиссэхэм я Iуэху зыIутыр сытым дежи ищIэнущ, апхуэдэ информацэмкIэ цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэми кIэлъыплъакIуэхэми ядэгуэшэнущ.
КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и тхьэмадэ Берд Хьэзрэталий зэрыжиIамкIэ, республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ муниципальнэ жылагъуэ палатэхэр щыIэщ икIи, хуей хъумэ, ахэр икIэщIыпIэкIэ Iуэхум хэIэбэфынущ. Жылагъуэ палатэм и аппаратым и унафэщI Дьяченкэ Аннэ къигъэлъэгъуащ кIэлъыплъакIуэхэр зэрылэжьэну графикыр зэраубзыхуар икIи ахэр дыгъуасэ щегъэжьауэ зэрылажьэр. Езы хэхыпIэ участкэхэм Iэ зэрыщаIэтым мы махуэхэм я нэIэ трагъэтщ кIэлъыплъакIуэу 710-м.
Мы центрым и лэжьыгъэм хэтыну хуитыныгъэ яIэщ КъБР-м и Жылагъуэ палатэм щыщхэм, ЦIыхум и хуитыныгъэхэмкIэ уполномоченнэу КъБР-м щыIэм, жылагъуэ кIэлъыплъакIуэхэм, цIыхубэ хъыбарегъащIэ IуэхущIапIэхэм я лIыкIуэхэм, Iэ яIэтыну хуитыныгъэ зиIэ цIыхухэм ящыщу ягъэува зэманым къриубыдэу заявкэхэр къэзытахэм, апхуэдэу политикэ партхэм я лIыкIуэхэм.

 

Поделиться: