ЗыгъэпсэхупIэр ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэм дыгъуасэ къызэ­Iуихащ «Долина ­Нарзанов» санаторэм и корпусыщIэр. 

Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ санаторэр Налшык и зыгъэпсэхупIэ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ - ар 1970 гъэхэм яу­хуауэ щытащ. Абы и етIуанэ корпусыр зэгъэпэщыжын зэры­хуейм теухуауэ «РЖД-Здоровье» акционер зэгухьэ­ныгъэм къыхилъхьа инвестицэ Iуэхум 2019 гъэм и жэпуэгъуэм елэжьын щIадзащ икIи мы зэманым ирихьэлIэу зы­хуей ­хуагъэзэжауэ зыгъэпсэхуакIуэхэр щIэсщ. Ар къыщызэIуа­- хым, «Долина Нарзанов» санаторэм и унафэщI Чапаев Иб­рэхьим и псалъэм къыхигъэщащ зыгъэп­сэхупIэр зэгъэ­пэ­щыжыным къаруушхуэ зэрырахьэлIар. 
- Псом япэу фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейт республикэм и унафэщIхэм, «РЖД-Здоровье» IуэхущIапIэм, мы Iуэхур зи пщэ дэзылъхьэжахэм, ухуакIуэхэм. Дыщогугъ дяпэкIэ ди лэжьыгъэр нэхъыфIыж хъуну, Налшык курортыр цIэрыIуэу щыщыта зэманым дыкъихутэжыну. А Iуэхум «Долина Нар­занов» санаторэм и лэжьакIуэ псоми ди гуащIэ етхьэлIэну фыкъыдогъэгугъэ, - жиIащ Чапаевым.
Санаторэм и лэжьакIуэхэми зыгъэпсэхуакIуэхэми ехъуэ­хъуащ КъБР-м и Iэтащхьэр. 
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и зыгъэпсэхупIэхэм я зыужьы­ныгъэм къыхуэщхьэпэ сыт хуэдэ инвестицэ Iуэхуми респуб­ликэм дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ, - къыхигъэщащ КIуэ­кIуэ Казбек. - Пэжыр жысIэнщи, икъукIэ дахуэарэзыщ «РЖД-Здоровье» IуэхущIапIэмрэ мы лэжьыгъэр зи пщэ изылъхьэжа инвесторхэмрэ. Псом хуэмыдэу проектыр «Азимут» хьэщIэщым и унафэщIхэм я советым и тхьэмадэ Клячин Александр и нэIэм щIэту яухуащи, абы щхьэхуэу фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейщ. Шэч къытетхьэркъым мы Iуэхум ехъу­лIэныгъэ къызэрыдэкIуэнум, зыгъэпсэхупIэм и лэжьыгъэр ­нэхъыфIыж зэрищIынум. Къыхэзгъэщынут нэгъуэщI Iуэху­хэмкIи адэкIэ дызэдэлэжьэну дызэригуапэр. Санаторэм и лэжьакIуэхэм сохъуэхъу. Дэтхэнэри пхыкIащ республикэм зыщызыгъэпсэхухэр мащIэу щыщыта лъэхъэнэм, ауэ цIыху­хэм хуащIэ Iуэхутхьэбзэхэр зэи ирагъэкIэкIуакъым. Шэч хэмылъу, корпусыщIэр иджырей мардэхэм тету лэжьэнущ, ар сэбэп хуэхъунущ зыгъэпсэхуакIуэхэм я бжыгъэм къыхэ­хъуэным.
Ухуэныгъэр езыгъэкIуэкIахэм, «РЖД-Здоровье» IуэхущIапIэм фIыщIэ псалъэхэр яхужиIащ Клячин Александри. Абы къыхигъэщащ проектым фIыуэ зэрегупсысар икIи ар къа­зэрехъулIар зэрынэрылъагъур. «Гу лыдмытэу къанэркъым республикэ унафэщIхэр, Налшык къалэм и щIыпIэ администрацэр къызэрыддэIэпыкъум. Ар узэрыгушхуэнщ. Ди гуа­пэщ Къэбэрдей-Балъкъэрыр урысейпсо мыхьэнэ зиIэ зыгъэпсэхупIэ щIыналъэ хъужауэ тлъагъуну», - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
Республикэ унафэщIхэмрэ хьэщIэхэмрэ санаторэм зыщаплъыхьащ, зыгъэпсэхуакIуэхэм я пэшхэр къызэрызэгъэ­пэща щIыкIэм зыщагъэгъуэзащ.

 

БАГЪЭТЫР Луизэ.
Поделиться: