Урысейм Iэ Iэтыным щыщIадзащ

Псом япэу хэхыпIэ участкэхэм лэжьэн щыщIадзащ КъуэкIыпIэ Жыжьэм. Камчаткэм щыIэ хэ­хыпIэ участкэу 179-м егъэ­щIы­лIауэ кIэ­лъыплъакIуэ зы миным нэблагъэ мэлажьэ. Псори зэхэту крайм хэхакIуэ мин 232-м щIигъу щатхащ. Абыхэм ящыщу мы гъэм япэу Iэ зыIэтхэр цIыху мини 3-м щIигъунущ. Кхъухь зэмы­лIэу­жьы­гъуэхэм къыщызэрагъэпэща хэхыпIэ участкэхэр 116-рэ ­мэхъури, абыхэм нэхъ пасэу Iэ щаIэтащ хэхакIуэ мини 6 хуэдизым.

Псори зэхэту къэралым и щIыналъэхэм иджыпсту хэхыпIэ участкэу мин 96-рэ щыIэщ. Ахэр пщэдджыжьым сыхьэти 8-м щегъэжьауэ пщыхьэщхьэм сыхьэт 20-м нэ­сыху лэжьэнущ. Мы махуэхэм езы­хэр зыхуей кандидатхэм пап­щIэ Iэ яIэтыну Iэмал яIэщ Урысей Федерацэм щыщ хэхакIуэу мелуани 108-м, нэгъуэщI къэралхэм щып­сэу ди хэкуэгъуу мелуани 2-м.
Псори зэрыщыгъуазэщи, мы гъэм хэхыныгъэхэр махуищкIэ ­ирагъэкIуэкIынущ икIи абы и фIы­гъэкIэ коронавирус уз зэрыцIалэм и шынагъуэр нэхъ мащIэу щытынущ. ЦIыхухэр участкэхэм зэры­щызэтримыхьэнум къыдэкIуэу, абы­хэм къекIуалIэхэм я темпе­ратурэр къапщ, дэтхэнэми Iэлъэ, нэкIуIупхъуэ, зэрытхэн Iэмэпсымэ ират. Участкэхэм зэрыщIыхьэ, къы­зэры­щIэкIыж бжэхэри зэпыгъэщхьэхукIауэ щытщ.
Хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIыр зэ­пымыууэ къапщытэнущ кIэ­лъып­лъакIуэу мин 500-м. А бжыгъэр 2016 гъэм екIуэкIа IэIэтым хэ­лэ­жьыхьахэм нэхърэ хуэдитIкIэ нэхъыбэщ. КIэлъыплъакIуэхэм яхэтщ зи кандидатхэр езыгъэтха полити­-кэ парт 14-м я лIыкIуэхэр, блогерхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэ щхьэ­хуэхэм я пашэхэр. КIэлъыплъа­кIуэхэм хуитыныгъэ яIэщ хабзэм къемызэгъыу къалъытэ Iуэхухэм телефонкIэ сурэтхэр трахыну, видео, сурэт материалхэр социальнэ сетхэм иралъхьэну.
Хэхыныгъэхэр хабзэм тету икIи зэIухауэ екIуэкIынымкIэ сэбэп ­хъунущ участкэхэм жэщми махуэми видеокамерэу мини 100 зэры­щылэжьэнур. Апхуэдэу хэхыныгъэхэр зэрекIуэкIым видеосвязым и иджырей IэмэпсымэхэмкIэ кIэ­лъыплъыфынущ дэтхэнэ щIыналъэми щыIэ жылагъуэ штабхэр.
Электрон Iэмэпсымэхэр къагъэ­сэбэпу Iэ яIэтыну Iэмал яIэщ УФ-м и щIыналъэу 7-м щыпсэухэм. Абы теухуа заявкэхэр 2021 гъэм фокIадэм и 13-м нэсыху къыIахащ. Электрон Iэмэпсымэхэр къагъэ­сэ­бэпу Iэ яIэтыну хуитыныгъэ зиIэхэм я спискэхэм иратхахэм хэхыпIэ участкэхэм Iэ щаIэт хъужынукъым.

 

ХЬЭЖБИЙ Мухьэмэд.
Поделиться: