МЭРЕМ ПШЫХЬ

Гупсысэр - псалъэкIэ
Зеикъуэ жэщхэр

ФщIэуэ пIэрэ фэ зеикъуэ жэщхэр?! Уоу, фэ фщIэркъым зеикъуэ жэщхэр! Уафэгу гъунапкъэншэм къиплъыкI мазэм дыжьын нуру щIым зытреубгъуэ. Хьэуар къабзэщ, салъкъыныр гум деху, епэрымэ зэхэшахэри Iум щабэу йотIысхьэ. Тхьэ жэщщ! Удэзыхьэх жэщщ!
Заущэхуащ мэзхэм, жэщым и жьауэм щIыхьащ. Щэхущ икIи сабырщ псыIущIэ цIыкIухэр. Псы щIыIэ хуэфIыцIафэр нэщхъейуэ щыгъэрщ жыг щхъуантIэхэм я куэщIхэм. ЦIыхуIэ зэмыIуса хъумбылейхэмрэ балийIэрысей Iувхэмрэ я лъабжьэхэр хуашиящ псынэ салъкъынхэм, я тхьэмпэхэр зэзэмызэ жьым щIеупскIэ, языныкъуэми жэщ акъужь щэхурыпхъуэм абыхэм запщIыхедзэ. Ихъуреягъ псори мэжей! Щощхьэукъуэ бгы лъапэм къуажэр. Ауэ, ищхьэмкIэ, уафэгур нэхуу щоблэ, вагъуэхэр къоцIу. Тхьэ жэщщ! Удэзыхьэх жэщщ!
Арыххэу псори къопсэуж - мэзхэри, псы IущIахэри, губгъуэхэри. Нэхэр зрамыгъэплъу кIыфIым зыкъыхабзыкI унэ уардэхэм. Къреш зеикъуэ бзум и уэрэдыр, къыпщохъу абы дуней псор щIэдэIуу. ЩIыналъэ телъыджэщ, удэзыхьэхщ!

ДЖЭДГЪЭФ Аслъэмырзэ.

 

Прозэу тха усэхэр
Бгъунж

НэгъуэщIым зыгуэр къехъулIэмэ, ар гущIыхьэ щыхъурти, хьэлъэу зыхищIэрт.
И гур къекIуэрт.
И щхьэр уназэрт.
Сымаджэшхуэ хъууэ, къыщыхэгъуэлъхьэжыпи щыIэт.
Мызэ-мытIэу апхуэдэу къыщыщIати, и узыншагъэм тешыныхь хъури, хэкIыпIэ къилъыхъуэу щIидзащ.
ИкIи къигъуэтащ.
Иджы абы и гур къекIуэжыркъым.
И щхьи узыжыркъым.
Сымаджэ хъууи къыхэгъуэлъхьэжыркъым.
Бгъунжу къоплъ адрейхэм я IуэхущIафэми - Iушэу елъагъу.
Езыри, зыхуеиххэр аращи, дуней гуфIэгъуэр иIэщ: Iушэщ, Iушэщ адрейхэм я IуэхущIафэр!
Ауэ зы щIэщхъуи къыхухэкIащ абы а Iуэхум: бгъунжу плъэурэ - езыри бгъунжу, Iушэу къэнащ.

«Уэрэди  жыпIат?..»

Режиссёрым и деж зы щIалэ къыщIохьэ:
- Хъунумэ, зыгуэр уэзгъэлъагъунут.
- Хъунщ, сыгъэлъагъу.
ЩIалэм, зыгуэрхэр къиIущэщурэ, къикIухьу щIедзэ.
ИтIанэ къежыхь.
Абы къыдэкIуэуи и макъым зрегъэIэт.
ЗригъэIэтым-зригъэIэтурэ - кIийм хуокIуэ.
ЩIалэм бэлэрыгъыпIэ имыIэу зегъэсыс, зеудыныщIэ, шейтIан уз пкърыт нэхъей - адэ-мыдэкIэ зедз. Чышым тес щIалэжь цIыкIум ещхьу къежыхь, малъэ-мапкIэ, долъей-къолъых, тхьэкIумэIупсыр иричуи мэкIий.
IэкIэ мэуври, и лъакъуэхэр егъэджэгу.
ЩхьэкIэ мэуври, и IитIымрэ и лъакъуитIымрэ зрегъэубыдыж.
Унэ лъэгум кIыхьу зреукъуэдиери, блэм зыпищIыж фIэкIа къыпхуэмыщIэну, зопщыпщэ.
 ХьэмбыIуу мэтIысри, хьэндыркъуакъуэм ещхьу мапкIэ.
ИкIэм-икIэжым, а зыр арат къэнэжари, и щхьэр къыфIечыжри, топ нэхъей, дридзей-къиубыдыжурэ, ешыху мэджэгу. Еша нэужькIэ фIегъэувэж, а зэрыкIийуэ…
Режиссёрыр абы нэхъуу йоплъри щытщ, икIуэтыжауэ, ищIэнури жиIэнури къыхуэмыщIэу.
ЩIалэр сытми зызэман къоувыIэжри, пщIэнтIэпсыр зрикъуэкIыу, бауэбапщэу щIоупщIэ:
- Д-дауэ сыкъ-къыпщыхъуа?
- Сэ абыхэм хэсщIыкIыркъым, - жеIэ режиссёрым. - Уэ къэплъыхъуэр тренермэ, стадионыр…
- Хьэуэ, тренеркъым!
- НтIэ, уздэкIуэнур циркрамэ…
- Хьэуэ… Сэ къыслъыхъуэр уэращ. Си уэрэдыр, си уэрэдыр дауэ къыпщыхъуа?
- Уэрэди жыпIат?..

КЪЭЖЭР  Хьэмид.

ПщIэну щхьэпэщ
Лы цIынэм фо щIыщахуэр

ПIастэр зэрапща бэлагъыр ятхьэщIыркъым, а бэлагъым кIэрыжьа пIастэр сэ тIыгукIэ кIэратхъунщIыкI.

* * *

Жэмыкуэ е кхъуейжьапхъэ щащIкIэ джэдыкIэ куэд халъхьэмэ, тхъу къыщыщIимыдз щыIэщ. ДжэдыкIэм шатэм къыщIидз тхъур зыщIеф.

* * *

Нэхъыжьхэм джэд гъэва е гъэжьа щашхкIэ абы и фэр къытрахырти, цIыкIухэм иратырт яшхыну, нэхъ щIалэ фищIынущ, бланэ фыхъунущ икIи нэхъыбэрэ фыпсэунущ жаIэрти.

* * *

Гуэгушыл щагъавэкIэ, гуэгушым и къупщхьэр зэпаудыркъым, зэпылъыпIэр зэрагъэкIыу аращ. Ар зэпыбудрэ бгъавэмэ, лэпсри лыри IэфI хъуркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ къупщхьэ зыпыудам и кIуэцIым илъыр лъы пцIащ. Лэпсри фIыцIэ, ткIыбжь ещI.

* * *

Дзэхъудзэшхым и хущхъуэгъуэу адыгэхэм къагъэсэбэпу щытащ жыгей пхъафэ ущэбар. Ар я жьэм жьэдакIутэрти, ягъэныщкIурт, яхуэшэчыхукIэ жьэдагъэлъырти, къызыжьэдадзыжырт. Апхуэдэу тIэу-щэ ящIмэ хъужырт.

* * *

Къэрмэфиблыр яущэб, жьэм жьэдакIутэри, ягъэныщкIу, ауэ ирагъэхыркъым. Ар дзэхъудзэшхымкIэ, дзэ узымкIэ сэбэпышхуэ мэхъу.

* * *

Зи дзэл шхэуэ, узу хъуахэм ахъшэдэщ тIэкIу жьэдалъхьэрти, жьэдагъэжыхьырт, иужькIэ къызыжьэдадзыжырт. Апхуэдэурэ ягъэхъужырт узыр.

* * *

Холестерин зи куэдым ныртыхум къыхэщIыкIа шхыныгъуэ куэд ишхреймэ, холестериныр мащIэ ещI, шлакхэри къыхеху.

* * *

Лы цIынэр зэIымыхьэн щхьэкIэ шэрджэсхэм фо щахуэу щытащ.

* * *

Мыващхъуэр къущхьэхъу кърахырт. Езы мывэр папцIэ цIыкIуу щытщ. Ар сапэкIэ ятхъунщIырт, сабэм хуэдэу къытекIар уIэгъэм трагъэщащэрти, уIэгъэр хъужырт.

* * *

ПIастэ дияр яупщIэтэн и пэкIэ пIастэ щхьэфэр трагъэж.

КЪУБАТИЙ  Борис.

ГушыIэ
КуцI илъкъым

Дизыкъуажэ цIыхугъэ гуэр иIэт, мэзышхуэм пэмыжыжьэ къуажэ цIыкIум дэсу. Ар фадэм дихьэх хъуауэ гу щылъитэм:
- Ей, ныбжьэгъу, уи хьэлыр сигу ирихьыжыркъым, фадэм текIуаи абы фIым хуишаи сыхуэзакъым сэ. Ар уи нэрыгъ хъумэ, факъырэ уищIынущ, уи акъылым урихунущ, икIэм-икIэжым утекIуэдэжыпэнкIи хъунущ, - жриIащ абы зэгуэрым Дизыкъуажэ.
- Схущыгъэтыркъым, армыхъумэ гъуэгу мыгъуэм сызэрежьэр сэри сощIэж, къэзлэжьри схурикъужыркъым. Иджы хъунщIакIуэхэм сахыхьэну аращ мурад сщIар. Ауэ уэ сумыIуатэ. НэгъуэщI Iэмал згъуэтыжыркъым, абыхэм ирафыни яшхыни гъунэжу ягъуэт…
- Абы щыгъуэщ уи кIэр бжыхьым щыдэпхуэжыпар…
Дизыкъуажэ и зы гъунэгъу и гъусэу пщэдджыжь гуэрым мэзышхуэм кIуэрэ пэт, гъуэгубгъу пабжьэм щэIу макъ гуэр къыхэIукIырт. МэзакIуэхэр бгъэдыхьэрэ еплъмэ, Дизыкъуажэ и цIыхугъэр, и накIэм лъыр къежэхыу щылът.
- Мыр сыт?! Нэхумыщым мыбдежым дауэ укъыщыхута? - ЗэкIэлъигъэпIащIэу йоупщI абы Дизыкъуажэ.
- Ны…ныжэбэ зы…зыгуэр къэтхъунщIэри, дызэре…регъэфэжахэщ…
- НтIэ?!
- ДыкъыздэкIуэжым зы ды… дыжьын къамэ зэпэдубыдри дызэзэуэжащ, - ерагъкIэ къыдришейуэрэ къэпсэлъащ уIэгъэ хъуар.
- ДэнэкIэ кIуа-тIэ уи гъусар?
- СщIэ… сщIэркъым, зэ… зэпыту укIуэхэ.
- Узущий пэтми, хъуакъым! Уи нэгу щIэкIа иджы хъунщIакIуэ-ефакIуэхэм я псэукIэр, я зэхэтыкIэр?! - хъущIэурэ уIэгъэр ипхэрт Дизыкъуажэ.
- Хуэсакъ, уэлэхьи, шэр и щхьэ куцIым къыхэна сфIощIмэ, - къэпсэлъащ шынащэрэ иригъэлейуэ, Дизыкъуажэ и гъусэр.
- Къыхэнакъым-тIэ, - къыфIэIуэхуакъым абы жиIар Дизыкъуажэ.
- СыткIэ къэпщIа занщIэу?
- КъэщIэгъуей ар! Абы и щхьэм куцI илъкъым, шэр хэнэн хуэдэу. Илъу щытамэ, е сэ, е нэгъуэщI зыгуэрым жиIэм едэIуэнт.

ЖАЛАУ  Нурбий.

ЦIыкIухэм папщIэ
МЭЗ  Iэниуар

Нэхущ

Ди адакъэр
Ину Iуащ,
Ди хьэ Мыщэ
Къэбэнащ,
Ди мамыжьыр
Къэбууащ,
Ди шыд пэхур
КъэкIиящ,
Нэху щыхункIэ
Си пIэ лъапэм
Телъа кIущи
Къэтэджащ,
Зэбзеящ -
ЗитхьэщIащ…
Мис апхуэдэу
Дэ ди махуэм
Нышэдибэ
КъыщIидзащ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Къуэрылъху цIыкIу

«Къысхуэщэху, - жи, - хьэлыгъуанэ», -
ИIыгъщ и кIэкъуащIэр нанэ.
«Хьэлыгъуанэр гъурщ, - жи, нанэ,
IуищIыкIынщ уи дзапэфIанэр».

«Абы щыгъуэ, - жи, - къуэрылъхум, -
Къысхуэщэху мо торт щабэшхуэр!..»
Нанэ зыри хужымыIэ,
Къибжын хуей мэхъу ахъшэу иIэр!

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Даринэ

Даринэ и ныбжьыр
Илъэсым щIигъуащ.
ИфIэщу къогубжьыр,
Гъринэ ар хъуащ.

Даринэ, Даринэ,
ЕмыкIукъэ угъыну?
Мес еплъыт Маринэ -
Ауан укъищIынущ.

ПхуфIэсщIащ хъыринэ,
КъитIысхьэ, Даринэ.
Къохъуапсэ Маринэ,
Лъыгъэсыт, хъыринэр!

КIуэжыну я унэм
Имыдэ, Даринэ.
КъикIыжкъым хъыринэм,
Ар хъуащ абгъуэрынэ.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

Дэнэ щищIэр?

АдакъэщIэр ину маIуэ,
Зэрыжылэу къигъэдаIуэу.
ЩIэетар ар нобэ сощIэ:
Ди унагъуэр поплъэ хьэщIэ.

Ауэ ар ди адакъэщIэм
Дэнэ щищIэр? Дэнэ щищIэр*?!

 

 

 

 

 

 

 

 

*Адакъэр Iуэреймэ, хьэщIэ къокIуэ, жаIэ.

Зыгъэхьэзырар ЩХЬЭЩЭМЫЩI Изэщ.
Поделиться:

Читать также:

17.04.2024 - 11:43 НОБЭ
16.04.2024 - 11:18 Псалъэжьхэр
16.04.2024 - 07:08 НОБЭ