ГущIэгъур нэхъапэщ

Май щIыналъэм хиубыдэ Октябрьскэ къуажэм щыщ фермер Бондарук Сергей урысейпсо ЦIыхубэ Фронтым  дэлажьэ псапащIэхэм захуигъэзащ «Дэ дызэгъусэщ» Iуэхум хыхьэну, ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъ цIыхухэм ядэIэпыкъуну зэрыхуейм теухуауэ.

Шэфтал жыг хадэ зиIэ фермерым и щапхъэм тету абы и гъунэгъухэри мы Iуэхум къыхыхьащ икIи Налшык щыщхэу зи нэм имылъагъу цIыхуиблым пхъэщхьэмыщхьэрэ хадэхэкIрэ куэду хурагъэшащ.

- Губгъуэм илэжьыхь бэджэндырылажьэхэм яхуэмыщэу къахуэнэ хадэхэкIхэр зы щIыпIэм деж щызэтракIутэрэ ягъэфыжу куэдрэ къохъу. Зи Iуэху хуэмыщIахэмрэ ныкъуэдыкъуагъ зыбгъэдэлъхэмрэ абыкIэ уахуэупсэныр нэхъыфIкъэ,- жаIэ псапэ зыщIэхэм.

Шэрэдж Дисэ.
Поделиться:

Читать также: