Илъэси 104-рэ зи ныбжь нанэ

Урысей Федерацэм щекIуэкIа хэхыныгъэхэм хэтащ Малкэ къуажэм щыпсэу нэхъыжьыфI Журт Женя. КъызэгъэпэщакIуэхэр къакIуэри, ар унэм щыхагъэдащ Iэ зыхуаIэтхэм. Нэхъыжьыр жыджэрт, екIуэкI Iуэхум гукъыдэж хуиIэт. Женя хъуэхъуащ хэхыныгъэхэм фIы кърикIуэну, къэралым и цIыхухэр тыншу псэуну, щIэблэм гъуэгу ягъуэтыну.
Журт Женя Дзэлыкъуэ щIыналъэм щыпсэухэм я нэхъыжь дыдэщ. И щхьэгъусэ Хьэчим Хэку зауэшхуэм хэтащ, абыхэм зэдапIащ быниплI.

 

Гъуэт Синэ.
Поделиться: